ЯтIэкъуэ
Къуажэ
ЯтIэкъуэ
|
ЯтIэкъуэ — Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ. ЯтIэкъуэ къуажэ тIысыпIэм и щIыпIащхьэ.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм и ишхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэзащ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставропол щIыгумрэ я гъунэм пэмыжыжэу. Къажэм щыщIэдзауэ Дзэлыкъуэ къуажэ нэс киломитритху, Псыхуабэ къалэ нэс километрэу 10 дэлъхэщ. Къуажэм и гъунэм блокI федерал гъуэгу Къаукъаз.
Къуажэ тIысыпIэм щIы иIыгъыр — 12,5 км2 мэхъу.
Нэхъ пэгъунэгъу жылэ тIысыпIэхэр — Дзэлыкъуэ къуажэ ипшэ-къуэкIыпIэмкIэ, Старопол щIыгум и хуторхэ Тэмбыкъанрэ Зелонэрэ къухьэпIэмкIэ, киломитритхукIэ нэхъ ипшэ-къухьэпIэу и цIэджэгъу къуажэ ЯтIэкъуэ щылъщ.
ЯтIэкъуэ республикэм и бгытехьэ Iыхьэм тетщ. Ику лъэгагъыр 570 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI. Релефыр и нэхъыбэу уэрп бгытехьэ щIызахуэу щытщ. КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къуажэм къыщхьэщытщ Iуащхьитху бгыхэр.
Гидрографиэр къуажэм къыщыгъэлъэгъуащ ЯтIэкъуэ псымкIэ. Абы нэмыщI къуажэм километритIкIэ нэхъ ишхъэрэу щылъщ къэрал псом щыцIэрыIуэ Тэмбыкъан псыхъурейр. Ишхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ ЯтIэкъуэ псыхъурей цIыкIухэр къуажэм къыпэщылъхэщ.
Климэтыр уэмщ. Гъэмахуэхэр хуабэу щытщ, курыт температурэхэр бадзэуэгъуэ мазэм +28° нэс докIуей. ЩIымахуэр щIыIэтыIэщ, щIыщылэ мазэм курыт температурэхэр -7° нэс йох.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр яухуащ ЯтIэкъуэ псым деж щIапIэ зиIэу, Iэщабей къуажэм 1934 гъэм къыдэIэпхъукIа унагъуэхэм. Къуажэр зыухуахэм ящыщхэщ Быжь, Къардэн, Мэржэхъу, Мурат, Угъурлы, Тэтэркъан, Теувэжокъуэ, Щхьэныкъуэ унэцIэхэр зезыхьэ унагъуэхэм. ТIэкIу тIэкIуурэ нэгъуэщI унагъухэми къуажэщIэм къэIэпхъуэн щIадзахэщ.
Япэ гъэхэм къуажэщIэр Дзэлыкъуэ къуажэ и унафэ щIэту щтащ. Абы иуж къуажэм щхьэхуэ статус иратащ.
Иджы къуажэм мыофициалнэу «Къэбэрдей-Балъкэрым и куэбжэу» ироджэ, абдежым республикэм и хьэщIэ лъапIэхэр къыщрагъэблагъэу щырагъэжэжыу щыщытым щхьа.
Жылэ[гъэтэрэзын | edit source]
ЦIыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
845 | ↘ 832 | ↗ 833 |
Жылэ дэсым и Iувагъыр — 67 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 827 | 97,9 % |
урысхэр | 10 | 1,2 % |
адрейхэр | 8 | 0,9 % |
псори | 845 | 100 % |
Дин[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэм зы мэжджыт дэтщ, еджапIэ-медресе хэту.
ЕджапIэ[гъэтэрэзын | edit source]
- Курыт еджапIэ № 1 — ур. Школнэ, 1.
- ЕджапIэ пэщIэдзэ
Сымаджэш[гъэтэрэзын | edit source]
- Къуажэ сымаджэш
Экономикэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэм и экономикэр нэхъыбэу зэпхар мэкъумэш IэщIагъэращ. Псом нэхъ нэхъыбэу зыужа ягъуэтахэщ кIэртIофымрэ гуэдзмрэ зехьэныр.
Къуажэ тIысыпIэм и щIым хеубыдэр Тэмбыкъан псыхъурейм и къуэкIыпIэ Iыхьэр. Абы къыщыщIах ятIэ пцIа псыхъурей псыщIагъым щIэлъыр, санаториэхэм щхьа.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Гулъытэгъуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- ↑ Урысей псо жылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу жылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу жылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплIанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкIэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу