Хьэрхьуп

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хьэрхьуп
Хьэрхьуп
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Хьэрхьуп лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Хьэрхьупхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэрхьуп
Латин цӀэр
Upupa epops
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178117
NCBI 57439
Upupa epops

Хьэрхьуп е ХьэрэхупӀ (лат-бз. Upupa epops) — лъэпкъэгъуми, лъэпкъ зыщыщми и лӀэужьыгъуэ закъуэщ, лӀэужьыгъуэ къуэдзэ бжыгъэ зэщӀиубыдэу.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхьэрыкъуэм хуэдизынущ. ТхыцӀэр щхъуэ-сырыхущ, дамэхэр кусэ хужь-фӀыцӀэу зэхэлъщ, кӀэ дэхар фӀыцӀэщ. Щхьэр гъуэ-плъыжьыфэщ, щхьэгуагуэшхуэ иӀэщ къиӀэт-игъэтӀылъыжь хъууэ. Жьэгъур, хулъэр, бгъэр гъуэ-плъыфэ фагъуэщ, ныбэ, кӀэ щӀагъыр тэхущ. Анэхэр нэхъ фагъуэщ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм. Ди къэралым щымащӀэщ, мэлъэтэж. ЩӀымахуэр Урысейм деж ирахыу нэхъ здыхуагъэфащэр КъаукъазыкӀэрщ. Щогъуалъхьэ жыг зэрызхэр, е гуэрэнхэр зырыт губгъуэхэм, мэз кусэ гъунэхэм. Абгъуэ щещӀ жыггъуанэхэм, лъабжьэхэм, мывэ зэтелъхэм.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Нэхъыщхьэу и Ӏусыр гъудэбадзэхэр, хьэпщхупщхэр абыхэм я хупсхэр.

ЩӀэнхабзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэрхьупыр, бжыгъэкӀэ апхуэдэу мыкуэдми, цӀыхухэм нэхъыфӀу ящӀэ къуалэбзущ. Гъатхэм и къэлъэтэжыгъуэр адыгэхэм я гуащӀэдэкӀ махуэгъэпсым нэщэнэу хыхьащ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.