Бофорт Хы

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бофорт Хы
Здыхэтыр: Арктикэ Хышхуэ
Инагъыр: 476 000 км²
Кууагъ нэхъ иныр: 4 683 м
Кууагъ курытыр: 1 004 м
Псы хэлъадэхэр: Маккензи
Бофорт Хы Уикисурэтылъэм

Бофорт Хы (ин-бз. Beaufort Sea, фр-бз. mer de Beaufort) — Ишхъэрэ Америкэм и ишхъэрэ-къухьэпӀэ Ӏуфэм Ӏулъ, Арктикэ Хышхуэм хиубыдэ хы.

Хэкумэтх[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

АШЗ-мрэ Канадэмрэ щызэпеуэ хым и Ӏыхьэр штрих ӀувкӀэ къыхэгъэщащ

Хыр Ишхъэрэ Америкэ и ишхъэрэ Ӏуфэм Ӏулъщ, АШЗ-м и штат Аласкэрэ Канадэм и щӀыпӀэ Ишхъэрэ-КъухьэпӀэмрэ Йуконымрэ я зэхуакум деж. Хым и къуэкӀыпӀэ лъэнукъуэмкӀэ къыбгъэдохьэр Канадэ Арктикэ архипелагым и къухьэпӀэ Ӏыхьэр. Хым и цӀэр фӀищащ 1826 гъэм инджылыз поляр лъыхъуакӀуэ Джон Франклин, гидрограф Френсис Бофорт и фэеплъу.

Хым и инагъыр — 476 000 км² мэхъу, и кууагъ нэхъ иныр 4 683 метрэм нос, кууагъ курытыр 1 004 метрэ мэхъу.

Хым и шууагъыр 28 — 32 промилхэм нос, и температурэр щӀымахуэм 0°С тетщ, гъэмахуэм +4°С нэс фӀэкӀ дэкӀуейкъым. Хым и псыщхьэм и нэхъыбапӀэр илъэс псом мылм зэщӀищтауэ щытщ. Ӏуфэм 50-100 километрэкӀэ Ӏулъ псы тӀэкӀуращ гъэмахуэм къэвыжыфыр.

АШЗ-мрэ Канадэмрэ я гъунэ зэхуакум дэлъ хы Ӏыхьэм щхьа къэралитӀыр куэд щӀауэ зоныкъуэкъухэр, абы щӀэлъ дагъэр я ӀэмыщӀэ илъын щхьа.

Псы хэлъадэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хым хэлъадэ псыхэм нэхъ ин дыдэр Маккензи псыращ, ар хым щыхэлъадэ пӀэм деж хыжьэ бгъуэшхуэ къегъэхъу, тӀыгу шыкъуей куэд къыхэщу. А псым и фэеплъу, хыжьэми Маккензи и цӀэщ. Илъэс къэс Маккензи хым къихехьэр миллиуан 15-м щӀигъу, зэхэлъэлъа материалхэр. Абы нэмыщӀ хым халъадэ псыхэм нэхъ инхэщ Андерсон, Кугалук, Конгакут, Хулахулэ, Сагаварникток, Икпикпук икӀи нэгъуэщӀхэри.

Абыхэм нэмыщӀ хы Ӏуфэм деж, хылъэ Ӏэджи Ӏутщ. Хым и уэрхэм циклон къекӀырэхъуэкӀхэр къагъэхъухэр. А циклонхэм мыхьэнэшхуэ яӀэщ а щӀыпӀэм.

ЩӀыпӀэ къулеягъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хым и нэхъыщхьэ ресурсу щытыр дагъэ фэтыджэн, шелфым телъыращ. Япэу хыр къыщаплъыхьар 1960 гъэхэращ, япэ дагъэщӀэху платформэр 1986 гъэм тращӀыхьащ.

Хым и экосистемэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хыр, Амундсэн хыжьэм игъусэу и цӀэджэгъу хы экосистемэм хохьэр. Хым къызэраплъыхьамкӀэ 70 щӀигъу фитопланктон зэмылӀэужыгъуэхэр хэсщ, ауэ абыхэм я бжыгъэр куэд хъукъым. Абыхэм нэмыщӀ хым хэсхэщ 80 щӀигъу зооплактон зэмылӀэужыгъуэхэр.

Хым Ӏуэхугъэ куэд зэрырамыгъэкӀэкӀым и фӀыгъэкӀэ, абы куэду хэсхэщ джейхэр, белугэхэр. Хы Ӏуфэм гъэмахуэм Ӏузу Ӏусхэщ бэбыщхэр, къазхэр икӀи нэгъуэщӀ къуалэбзухэр. Хым мыл зэтелъ Ӏыхьхэм мыщэхужьхэм къыщакӀухь.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]