НатӀэплъджэд
НатӀэплъджэд | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Porphyrio porphyrio Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
НатӀэплъджэд (лат-бз. Porphyrio porphyrio) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Псыджэдым и гъунэгъу дыдэщ, ауэ хьэпщӀыкӀыу нэхъ пӀащэ лӀэужьыгъуэщ. КъэщӀэгъуафӀэ дыдэщ: лъакъуэ лъагэ лъэщщ, лъэпхъуамбэ кӀыхьщ; пэ кӀэщӀ Ӏувыр, натӀэ цыншэр, лъакъуэхэр — плъыжьщ; адрей теплъэр — щхъуэ-удзыфэ лыдщ, кӀэ щӀагъым тэхуфэ къыщӀэуэу.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу къамыл, чыцэ Ӏув лъагэ къыздэкӀ щӀыпӀэхэм — Хы Каспий и гъунэхэу Тэрч, Сулак, Артек я хэлъэдапӀэхэм. Апхуэдэуи — Еуропэ Ипщэм, Азиэм, Аустралиэм, нэгъуэщӀ хэгъуэгухэми. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 6-7-щ. Къуртыжыр нэхъыщхьэу анэращ, ауэ къишынымкӀэ адакъэри дэӀэпыкъуэгъу мэхъу. Адрей лӀэужьыгъуэхэм ялъытауэ зы щӀыпӀэм къыщизыш натӀэплъжэдхэр икъукӀэ зэрыӀыгъхэщ, бын пӀынкӀэ зэдоӀэпыкъу.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр къэкӀыгъэщ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.