КӀупхъжэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
КӀупхъжэр
КӀупхъжэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Дудакъ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: КӀупхъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: КӀупхъжэр
Латин цӀэр
Chlamydotis macqueenii (J. E. Gray, 1832


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175056
NCBI 45639
Chlamydotis undulata

КӀупхъжэ́р (лат-бз. Chlamydotis macqueenii) — дудакъ хэкӀыгъуэщ.

Къуалэбзу пӀащэщ, ч. 2,4 нэс къешэч. И пкъыр ухуэкӀэмкӀэ дудакъымрэ кӀупхъымрэ ящхьщ. Абыхэм къагуокӀ пщампӀэ хуэдэу цы кӀыхь пщэ лъэныкъуэхэм елэлэххэмкӀэ. И теплъэм пшахъуафэ-гъуафэ, хужьыфэ къызэребэкӀым ар гу лъытэгъуейщ ящӀ къумылъэщӀым. ИкъукӀэ жэрщ.

Гуалъхьэжыр, шырхэр зыпӀыр анэм изакъуэщ. Хъум ар къегъанэ зэрыгъуэлъхьэжу.

Щопсэу Ищхьэрэ Африкэм, Азиэм я къумылъэ щӀыпӀэхэм. Хы Каспий гъунэ тафэхэм щогъуалъхьэ, ауэ Ищхъэрэ Къаукъазым къолъатэ къудей. Гъатхэм кӀупхъжэрыр здэгъуэлъхьа щӀыпӀэм къыщылъэтэжыр адрей и лъэпкъэгъухэм яжькӀэщ.

Абы и щхьэусыгъуэр, дауикӀи, епхащ и Ӏусым. Нэхъыщхьэу ар псэущхьэщ, и нэхъыбэр гъудэбадзэ, ауэ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэхэри Ӏумпэм ищӀкъым.

Абгъуэр еухуэ щӀылъэм. Мэлыжьыхь-накъыгъэм, дунейр хуабэ щыхъукӀэ кӀэцӀын еублэ. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀищым щӀигъукъым, ауэ и нэхъыбэм тӀущ. Бжьыхьэм кӀупхъжэрыр пасэу мэлъэтэж, шыщхьэӀу-фокӀадэм.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.