Къуаргъкъащхъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуаргъкъащхъуэ
Къуаргъкъащхъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къуаргъкъащхъуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэ
Латин цӀэр
Coracias garrulus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554518
NCBI 188338
Coracias garrulus

Къуаргъкъащхъуэ (лат-бз. Coracias garrulus) — къуаргъэкъащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щхьэри ныбэ щӀагъри къащхъуэщ, тхыцӀэмрэ дамащхьэмрэ гъуэщ, тхыцӀэм щыщ Ӏэхьэмрэ кӀащхьэмрэ морафэщ. Бжыхьэм зехъуэж: щхьэр гъуабжэ-удзыфэщ, тхыцӀэр гъуабжэ фӀейфэ мэхъу, я бгъэм ятӀагъуафэ къытолъадэ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм и ищхъэрэ-къухьэпӀэм. ЩӀымахуэр щрех Африкэм и ипщэ лъэныкъуэм. Ищхъэрэ Къаукъазым куэду уащыхуозэ губгъуэхэм, псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм. ГупкӀэрэ къолъэтэж мэлыжьыхьым икухэм. Абгъуэ щащӀ нэпкъыщхьэ задэхэм, къуэхэм, зэзэмызэ — жыг гъуанэхэм. БжыхьэкӀэм мэлъэтэж.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Нэхъыбэу яшхыр псэущхьэщ: лъэгущӀэуэ, пкӀауэ, мацӀэ, цӀыв. Зэзэмызи шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, дзыгъуэ жьгъейхэр. Бжыхьэпэм пхъащхьэмыщхьэ яшх, ауэ абыкӀэ зэран ин ирахкъым жыг хадэхэм.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.