Дурэшбзу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Дурэшбзу
Дурэшбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КъэбцӀацӀэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Дурэшбзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Дурэшбзу
Латин цӀэр
Tichodroma muraria Linnaeus, 1766
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 563471
NCBI 237442
Tichodroma muraria

Дурэшбзу́ (лат-бз. Tichodroma muraria) — къэбцӀацӀэ лъэпкъщ.

И цыр Ӏувкъым, щабэ-лыдщ, зехъуэж илъэсым и зэманым дэкӀуу, илъэсым тӀо цы епхъыж. Теплъэ нэхъыщхьэр: тхыцӀэр щхъуэщ, щхьэщыгур нэхъ фӀыцӀафэщ, дамащхьэхэр плъыжьщ, къабзий пхъашэхэм хужь ӀэпапӀэхэр хэсщ. КӀэцӀыгъуэм жьэгъур, жьэбгъухэр, хулъащхьэр фӀыцӀэщ, бгъэр, кӀэ щӀагъыр щхъуэ фӀыцӀафэщ.

Дурэшбзур пщагуэщ, щхьэшхуэхэщ, пэ псыгъуэ кӀыхьхэщ, мащӀэу хуэкъуаншэу. Хъухэр нэхъ цӀыкӀущ. Щопсэу Еуропэмрэ Азиэмрэ. Ищхъэрэ Къуакъазым деж зыщӀыпӀи лъэтэжкъым, ауэ щымащӀэщ.

Щогъуалъхьэ къуэладжэ зэв куухэм, къыр бгы задэхэм. Абгъуэ щещӀ къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, дурэшхэм. Нэхъыщхьэу ишхыр хьэпщххупщщ, ахэр ӀэкӀуэлъакӀуэу къыщӀех мывэ, жыглыц щӀагъым, къыдех дурэш зэвхэм. ЩӀымахуэм Ӏус лъыхъуэу къуажэхэм, къалэхэм къолъатэ. Апхуэдэу щалъэгъуа Налшыч, Владикавказ, Тебэрды, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Дурэшбзум уэрэд жеӀэ, и макъыр жьгъыру, къабзэ лъэщщ.

НэмыщӀ адыгэбзэ цӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Бзудамэплъ


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.