Губгъуэжьец
Appearance
| Губгъуэжьец | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Circus cyaneus Linnaeus, 1766 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|

Губгъуэжьец (лат-бз. Circus cyaneus) — къашыргъэ лъэпкъым хыхьа жьец гупым щыщщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я теплъэкӀэ хуабжьу зэщхьэщокӀ. Хъур щхъуэ-фӀыцӀафэщ, къащхъуэ мащӀэ къыщӀэуэу, кӀащхьэр хужьщ, тхъуагъэфэ къыпщыхъуу. Дамэ щӀагъыр хужьщ. Анэхэм я тхыцӀэр гъуабжэщ, гъуэ-гъуэжьыфэ ӀэпапӀэхэр хэсу. Ныбэ щӀагъыр гъуэжьыфэщ, тхыпхъэ гъуабжэхэр зэпекӀуэкӀыу хэлъу.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуразиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Урысейм щыӀэхэр мэлъэтэж, Къаукъазым къинэмыщӀауэ.
Губгъуэжьецыр щогъуалъхьэ тафэ нэщӀхэм — губгъуэхэм, хъупӀэхэм, псыхъуэхэм, мэз псыпцӀэхэм, мэз лъапэхэм. Абгъуэр щӀыгум щащӀ. Гъуалъхьэр анэм изакъуэщ, хъум абы Ӏус къыхуехь.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыщхьэу губгъуэдзыгъуэ, бзу жьгъей, щӀылъэрыгъуалъхьэхэм я щыр, джэдыкӀэ, нэхъ мащӀэу — шындырхъуо, гъудэбадзэ пӀащэ.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.