Jump to content

Бэрэжьей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бэрэжьей
Бэрэжьейр къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Dipsacales
Лъэпкъ: Adoxaceae
Лъэпкъыгъуэ: Бэрэжьей
Латин цӀэр
Sambucus L.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 35315
NCBI 4201

Бэрэжьей (лат-бз Sambucus, ур-бз. Бузина) — пабжъэ къэкӀыгъ, гъагъэхэм ящыщу.

ЛатиныбзэкӀэ

  • Sambucus nigra f. alba
  • Sambucus nigra f. aurea
  • Sambucus nigra f. laciniata
  • Sambucus nigra f. pendula

Бэрэжъей - пабжъэ къэкӀыгъэ, м. 4-6 илъэгагъу (м. 10 нэсу мэхъу).

Итхьампэхэр гъэч къыдидзхэм зэпэщылъу пытхэ, см. 10-30 якӀыхьагъу.

ИпӀкъым фэ пӀакӀэ телъ, икӀуэцӀыр шъабу щыту.

Игъагъэхэр жгъуэжь-хужьу зэхэлъхэ (зэрызу хужь Ӏамэ), мм 5-8 ябгъуагъу, тхьампэ тхурытху ятету, гъэчхэм бжыгъу япыт (см. 10-25 бгъуагъ нэсу).

ИмэракӀуэ къыпыкӀэхэр къуафӀцӀу мэхъухэр, мм 5-7 ябгъуагъу.

Макаронезиэм къыщыкӀэдзауэ (Азор, Мадейрэ хы тӀыгухэм), Ишъхъэрэ Африкэм (Алжир, Тунис), Азиэм (ишъхъэрэ, къуэхьапӀэ Къажэрым, Тыркум), Еуропэ псом, Къэукъаз кӀыбым (Курджым, Ермэлым, Азэрбиджаным), Укрэинэм, Молдовым, Урысыхум нэгъунэ.

Урысейм и еуропэ лъэныкъуэм ипшъэмкӀэ къыщокӀыр.

Зелэнд КӀэм ирачауэ къыщагъэкӀыр фӀыуэ.