Бзужэрхэр
Бзужэрхэр | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Locustella Kaup, 1829 | ||||||||||||||
|
Бзужэрхэр (лат-бз. Locustella) — вэд лъэпкъ хэкӀыгъуэщ.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Я пкъым и кӀыхьагъыр см. 12-16. Я теплъэкӀэ гъуабжафэщ гуэжьыфэ къащӀэуэу, я бгъэмрэ тхыцӀэмрэ кусэ къэгъэшахэр хыболъагъуэ. Бзужэрхэр щӀылъэ къуалэбзущ, щылъатэр зэзэмызэ дыдэщ, уеблэмэ шынагъуэ гуэрэ къыкъуэкӀмэ къэкӀыгъэ Ӏувым холъэдэж. Я пкъыр хуэпӀащӀэу зэрыщытым ялъегъэкӀ зы удз цӀыкӀуи мыхъейуэ щызекӀуэнхэу, дзыгъуэм хуэдэу щызежэнхэу. Хъухэм емышыу уэрэд жаӀэ, макъ щабэ лъахъшэкӀэ цӀырцӀырым ем ещхьу.
Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Лъэпкъыгъуэм хыхьэ лӀэужьыгъуийри Урысейм щыӀэщ, тӀум — чыцэбзумрэ бзужэрымрэ — Ищхъэрэ Къауъказым уащыпэщӀэхуэнущ.
ЩӀымахуэр шрах Африкэмрэ Ипщэ Азиэмрэ.
Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Я Ӏусыр гъудэбадзэ, бэдж хэкӀхэращ.
ЛӀэужъыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Бзужэркусэ Locustella lanceolata
- Бзужэр Locustella naevia
- Locustella certhiola
- Locustella ochotensis
- Locustella pleskei
- Чыцэбзу Locustella fluviatilis
- Дзэлбзу Locustella luscinioides
- Locustella fasciolata
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.