Бзугъуабжэгъуэщ
Appearance
Бзугъуабжэгъуэщ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Bombycilla garrulus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Бзугъуабжэгъуэ́щ (лат-бз. Bombycilla garrulus) — унэбзу хэкӀыгъуэ лъэпкъ щхьэхуэщ. Ищхъэрэ къэрал бжыгъэм щопсэу. Къаукъазым зэзэмызэщ щыплъагъунур, уэс бэуэ къыщес хэкухэу, ищхъэрэ щӀымахуэ щӀыӀэхэм зэпыӀуадзу къыщылъатэкӀэ.
Бзугъуабжэгъуэщыр бжэндэхъум хуэдизынщ. И теплъэм удехьэх, тхыцӀэр гъуабжэ-шхъуафэщ, щхьэгуагуэр хуэплъыфэу. КӀэпкъымрэ кӀэ къыхэкӀыпӀэмрэ щхъуэщ, жьэгъур фӀыцӀэщ. И дамэ кӀыхьыр фӀэцӀафэщ, кусэ гъуэжьхэр ирикӀуэу. ИкъукӀэ шхэрейщ, апхуэдизкӀэ ныбаплъэщи, пхъэщхьэмыщхьэу яшхым и зыныкъуэращ я нэгъум хуэгъэткӀур, адрейр зэрыпсэууэ къадохыж, щӀым здынэсми къокӀ. АрдыдэмкӀи мэзым зиужьыным щхьопэ.
Бзугъуабжэгъуэщхэр щогъуалъхьэ Еуропэ, Азиэ, Ищхьэрэ Америкэ мэзхэм.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.