Бгъэжьей
| Бгъэжьей | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Aquila pennata Gmelin, 1788 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|

Бгъэжьей (лат-бз. Aquila pennata) — къашыргъэ лъэпкъщ, бгъэхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэр лӀэужьыгъуитӀу къокӀуэ — гъуабжафэрэ тэхурэу. Япэрейм къобэкӀ гъуабжэ-фӀыцӀафэр, щхьэщӀыбыр, пщэр, дамэцхэр нэхъ тэхуу, кӀэ къабзийхэри ныбэ щӀагъри фӀыцӀэ-гъуабжафэщ. ЕтӀуанэ теплъэр фагъуэ-гъуабжэщ, къабзий гъунэхэр, ныбэ щӀагъыр тэхуфэщ, пэр лъадийхэр, лъэбжьанэхэр фӀыцӀэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Бгъэжьейр щопсэу Къауъказым, абы и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм, Азиэм, Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм. Мэлъэтэж. УпэщӀохуэ мэзылъэ, чыцалъэ щӀыпӀэхэм, тафэхэм, бгы мылъагэхэм. Абгъуэ щещӀ жыгхэм, къырхэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр нэхъыщхьэу тхьэрыкъуэм хуэдизын, е нэхъ жьгъей къуалэбзу, жумэрэн, дзыгъуэщ. Абы и щакӀуэкӀэм дыболъагъу къашыргъэхэмрэ къаргъейхэмрэ яй икӀи и нэӀэ зытридзар хьэуам куэдрэ къыщиубыд къохъу.
—« Адыгэ псалъэжь
Нэдыжь бгъэжьей къолъэт»
«Ӏуэхур зэрымыщыгугъауэ къыщӀедз» мыхьэнэ къырет.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.