Хуэхуэлей
| Хуэхуэлей хуэх-бз. Україна |
|||||
|
|||||
| Къэрал уэрэд: «Ще не вмерла Україна» ( |
|||||
| Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 (зхэкӀар РССЗ) | ||||
| Нэхъышъхьэбзэхэр | хуэхуэлеибзэ | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Киеу | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Киеу, Одэса, Харкоу, Лвив, Днепропетровск | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | Президент парламенту республикэ | ||||
| Президент Премиер-министр |
Виктор Янукович Николай Азаров |
||||
| ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
45-нэ дунем 603 628[1] км² 7 |
||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
45 962 900[2] цӀыху (28-нэ) 76,14 цӀыху/км² |
||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$179,604 млрд[3] (32-нэ) $3 995[3] (97-нэ) |
||||
| ВКӀуП (ЩПЛъ) • КъыкӀыр |
$337,268 млрд[3] (33-нэ) $7 331[3] |
||||
| ЦӀПЗИ | 0,710 (ин) (69-нэ) | ||||
| Этнохоронимыр | хуэхуэлейхэр | ||||
| Валутэр | гривня (UAH) | ||||
| Интернет-доменхэр | .ua | ||||
| Телефон кодыр | +380 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +2 | ||||
Хуэхуэлей (хуэх-бз. Україна) — къэрал Еуропэм икум хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Киеу.
Хэтхахэр |
Хэкумэтхыр[гъэтэрэзын]
Хуэхуэлейр КъуэкӀыпӀэ Еуропэм хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Лахь жылэм, Слоуакэм, Мэжарейм, ипшъэ-къуэхьэпӀэм — Молдовэм, Румыниэм, къэрал къэмылъыта Днестырпыт Молдовэ Республикэ, ишъхъэрэмкӀэ — Урысыхум, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Урысейм.
ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъуэу щыт. Къушъхьэхэр къэралым ипшъэ-къухьэпӀэмкӀэ хэт (Хуэхуэлей Карпатхэр), Къымымрэ. ИпшъэмкӀэ Хы ФӀыцӀэмрэ Хы МыутӀэмрэ Ӏохьэ я Ӏуфэхэм. Псы нэхъ инхэр: Днепыр, Ишъхъэрэ Буг, Днестыр, Ишъхъэрэ Донец, Десна.
Хуэхуэлейм и инагъыр зэрыхъур 603 628 км2. Хуэхуэлейр Еуропэм и къэрал нэхъ ину щыт (псоуэ хэтхэм я щыщхэм).
Хьэуар къэралым и нэхъыбэм курыт-континенталу щыт, Кърымым и хы Ӏуфэм щымыхъукӀэ, абым хыкурыт климэту щыт.
Тхыдэр[гъэтэрэзын]
XI—X лъэхъэнэхэм Хуэхуэлейм и шӀыпӀэм къэрал Киеу Урысей хэта. 988 гъэм пщы Владимир Святославовичым захуэ чыристэныгъэ къештэ, а диныр къэрал псом еуэ мэхъур Урысейм.
1237—1241 гъэхэм Киеу Урысейм хъан Батыйр йохьэри, къэралыр пщыхэку бжыгъэкӀэ зэхокӀыр. Хом-хомурэ ахэр Литоу Пщыхэкушхуэм хохьэхэ. 1569 гъэм Лахь Жылэмрэ Литоумрэ зэхохьэхэри зы къэрал мэхъухэ — Посполитым и Реч.
XV лъэхъэнэм Днепырыпэм и ипшъэ лъэныкъуэм Запорож къазакъыгъуэ къыхокӀыр, XVIII лъэхъэнэм нэс щыӀар, хамгъэкӀа кӀышъэ.
XVIII лъэхъэнэм Лахь Жылэм и шӀыпӀэр гуэчын щашъым иджырей Хуэхуэлейм и шӀыпӀэнэхъыбэр Урысей империэм хокӀуэр.
1917 гъэм револуциэ екӀуэкӀам яуж Хуэхуэлейм зэман кӀэкӀкӀэ къэрал хуитхэр щыӀахэ — джылэ республикэ Хуэхуэлейрэ джылэ республикэ КъухьэпӀэ-Хуэхуэлейрэ джоуэ.
1919 гъэм гъатхэпэм и 10-м зы къэрал Совет Социал Республикэ Хуэхуэлей мэхъур. 1923 гъэм Урысейр, Урысыхур, КъуакъазкӀыбагъу къэралхэр джоуэ зэхэтху Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр къэралу зэхохьэхэ.
1991 гъэм щыкӀэдзауэ Хуэхуэлей къэрал хуит мэхъур.
Джылэр[гъэтэрэзын]
2010 гъэм щӀышылэм и 1-м Хуэхуэлейм джылу дэсар зэрыхъутэр 45 822 214 цӀыху.
| Хуэхуэлейм лъэпкъ дэсхэр (2001) | ||
|---|---|---|
| Лъэпкъхэр | Бжыгъэр, мин цӀыху |
% |
| Хуэхуэлхэр | 37541,7 | 77,82 |
| Урысхэр | 8334,1 | 17,28 |
| Урысыхухэр | 275,8 | 0,57 |
| Кърымхэр | 248,2 | 0,51 |
| Молдавхэр | 258,6 | 0,54 |
| Болгархэр | 204,6 | 0,42 |
| Мэжархэр | 156,6 | 0,32 |
| Румынхэр | 151,0 | 0,31 |
| Лахьхэр | 144,1 | 0,30 |
| Журтхэр | 103,6 | 0,21 |
| Ермэлыхэр | 99,894 | 0,21 |
| Алыджхэр | 91,548 | 0,19 |
| Къэзанхэр | 73,304 | 0,15 |
| Пэмыкхэр | 0,4 | |
| Псори | 48240,9 | 100 |
Экономикэр[гъэтэрэзын]
Хуэхуэлейм и экономикэр 39-й пэр иыгъ ВКП-кэ (2009).
Хуэхуэлейр индустриал-аграр къэралу щыт. Лэжьыгъэ япэреуэ щытхэр — гъушӀ-лэжьыгъэ, химиэ-лэжьыгъэ, шӀыкӀэлъ-лэжьыгъэхэр, энергиэ-лэжьыгъэхэр.
Администрациэ гуэшыгъуэр[гъэтэрэзын]
Хуэхуэлейр унитар къэралу щыт, област 24 хэт, Аутоном Республикэ Кърым. Къалэ Киеумрэ Севастополымрэ хэгъэза статус яӀэ.
Дзэр[гъэтэрэзын]
Хуэхуэлейм и дзэр щызэхэхьар 1991 гъэм шышъхьэӀум и 24-м. Хэтыр (2010 гъэмкӀэ) 200 000 цӀыху.
Дзэр щыуэ зэшъхьэщокӀхэ — зекӀуэдзэ, уэгузауэдзэ, хыдзэ джоуэ.
Ӏэшэр нэхъыбэкӀэ Урысеймрэ РССЗ-м къыдагъэкӀам ящыщ.
Гулъытыгъуэ[гъэтэрэзын]
ТехьэпӀэхэр[гъэтэрэзын]
| Хуэхуэлей Уикисурэтылъэм? |
- Хуэхуэлейм и президентым и официал сайтыр
- Нэхъыщхьэ Радам и официал сайтыр
- Хуэхуэлейм и Хасэм и официал сайтыр
- Хуэхуэлейм конституциэкӀэ контрол зэрагъэкӀуэкӀым и хъыбархэр
- Хуэхуэлейм и партиэхэм я тхылъ
- Хуэхуэлейм и архивхэр
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
|
|
||
|---|---|---|
| Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгэ • Болгариэ • Босниэрэ Герцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • КъущхьэфӀыцӀэ • Латвиэ • Лахь жылэ • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • Нидерлэндхэр • Норвегэ • Португал • Румей • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Хуэхуэлей • Чех • Шуэц • Шуэцарэ • Эспаниэ • Эстониэ | |
| ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
| Дунейпсом къамылъыта къэрал | Косово • Приднестровиэ | |
| ¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкlэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. | ||