Jump to content

Ишъхъэрэ Македониэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Республикэ Македониэ къызыхэкӀар)
Республикэ Ишъхъэрэ Македониэ
мак-бз. Република Северна Македонија
Дэмыгъэ Республикэ Ишъхъэрэ Македониэм
Республикэ Ишъхъэрэ Македониэм и нып Республикэ Ишъхъэрэ Македониэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 41°37′00″ с. ш. 21°43′00″ в. д. / 41.616667° с. ш. 21.716667° в. д. (G)

Гоуидзэр: «Свобода или смерть»
Къэрал уэрэд: «Денес Над Македонија» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1991 фокӀадэм и 8
Нэхъышъхьэбзэхэр македониэбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Скопие
Къалэ нэхъ инхэр Скопие
ӀэнатӀэ хабзэр парламент республикэ
Президентыр
Премиер-министыр
Стево Пендаровски
Зоран Заев
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
145-нэ дунем
25 333 км²
1,9
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2012)
Ӏувагъыр

2 082 370 цӀыху (143-нэ)
80 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2006)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$16,94 млрд.  (121-нэ)
$7,645
Сомыр (Валутэр) македониэм и денар
Интернет-доменхэр .mk
Телефон кодыр +389
Зэманыгъуэхэр +1
Республикэ Ишъхъэрэ Македониэ Уикисурэтылъэм

Республикэ Ишъхъэрэ Македониэ (мак-бз. Република Северна Македонија) — Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Скопие.

Республикэ Ишъхъэрэ Македониэм и шӀыпӀэтхыпхъэ

Республикэ Ишъхъэрэ Македониэ Балкан хы тӀыгуныкъуэм хэт. Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ — Косово республикэм (дунейм псоми къамылъыта къэрал), Сербиэм, къуэхьэпӀэмкӀэ — Албаниэм, ишъхъэрымкӀэ — Алыджым, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Балгариэм.

Езы шӀыпӀэр нэхъыбэм къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт.

Къэралым и шӀыпӀэм и инагъыр — 25 333 км².

Македониэ республикэм и шӀыпӀэр Пэсырей Македониэм щыщт, абым и ицӀэри къахэкӀауэ къылъыса хъуа.

Лъэхъэнэ курытхэм я пэм нэхъышъхьэ дину хэкум щытар Захуэ чыристэныгъэ. XVI лъэхъэнэм Македониэр, Балкан хы тӀыгуныкъуэ псом хуэдуи Уэсмэн империэм иубыда.

Япэрей балкан зауэр иуха яуж 1911 гъэм Македониэр Балгариэм хэхьа, ауэ етӀуанэ зауэм Балгариэм и къэру къыщимыхьым 1912 гъэм, Македониэр Сербиэм хокӀуэ (1918 гъэм щыкӀэдъауэ - Йугослау).

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр щекӀуэкӀым Македониэр оккупациэм хэта. 1945-1991 гъэхэм - социал Йугославиэм и республикихым я зы, 1991 гъэм щыкӀэдзауэ къэрал хуит мэхъур.

Къэлъытэгъуэ гуэрэхэмкӀэ, 2005 гъэм къэралым джылэр 2 045 262 цӀыху ябжа.

Лъэпкъ нэхъ ину дэсхэр: македонхэр (64,18 %), албанхэр (25,1 %), тыркухэр (3,85 %), пэмыкӀхэр.

ДинкӀэ — чыристэнхэр (68 %), мыслъымэнхэр (30 %).

АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Республикэ Ишъхъэрэ Македониэр — къэрал унитару щыт. АдминистрациэмкӀэ 84 хэку зэхокӀыр.