Jump to content

ЖыгыуӀуцӀыкӀу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ЖыгыуӀуцӀыкӀу
ЖыгыуӀуцӀыкӀу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: ЖыуӀу теплъэхэр
Лъэпкъ: ЖыгыуӀу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Picoides
ЛӀэужъыгъуэ: ЖыгыуӀуцӀыкӀу
Латин цӀэр
Picoides minor Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554037
NCBI 345735
Dendrocopos minor

ЖыгыуӀуцӀыкӀу (лат-бз. Picoides minor) — къуалэбзу, нэхъ цӀыкӀу дыдэщ жыгыуӀу лъэпкъым ящыщхэм, унэбзум нэхърэ тӀэкӀущ зэрынэхъ пӀащэр.

Щопсэу Алджазаирым, Еуропэм, Къаукъазым, Азиэ ЦӀыкӀум, Сыбырым.

Абгъуэр къыщыреуд пхъэщабэ, екӀэпцӀэ жыгхэм щӀылъэм ипэмыжыжьэу. Абы щис зэманым сакъыущехущ, ауэ иужькӀэ гуэурейщ, и макъыр ещхьщ куэдрэ къытезыгъэзэж «КӀы-кӀы-кӀы...-м».

ЖыгыуӀуцӀыкӀум абгъуэ папщӀэу къыриуда гъуанэм иужькӀэ яхуэчэфу щогъуалъхьэ нэмыщӀ къуалэбзу лӀэужьыгъуэ жьгъейхэр.

Ӏусыр хьэпщхупщ, хъумпӀэцӀэдж, цӀыв, гъудэбадзэ, цӀыргъым. Бжьыхьэм нэхъ хуэкуэу пхъыщхьэмыщхьэхэр хагъэхьэ я Ӏусым: кхъужь, къыфцӀэ, мамкъутей.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.