Бланэукъ
Бланэукъ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Gypaetus barbatus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Бланэукъ (лат-бз. Gypaetus barbatus) — къэргей теплъэ хэкӀыгъуэ, къэшыргъэ лъэпкъщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пщэр, щхьэр, бгъэгур — тэху-гъуэжьыфэщ; пэ щӀагъым цы щабэ гуэрэн кӀыхь щӀэтщ жьакӀэм ещхьу, тхыцӀэр — щхъуэ-гъуабжафэщ; цыпкъхэр хужьщ. Нэ хъуреягъым ӀупщӀу къекӀуэкӀ «Ӏэлъын» плъыжьыбзэм, армырами зи теплъэ шынагъуэ къуалъэбзу абрагъуэм нэхъри къанлыфэ къытрегъауэ. ЗэрыхуагъэфащэмкӀэ, бланэукъым и «фащэм» апхуэдэ теплъэ къыщищтэр зыбжанэрэ цы ипхъыжа нэужщ (и ныбжыр илъэситхум нэсауэ).
ЦӀэр къызхэкӀар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ФӀэщыгъэм «бланэ зыукъ (зыукӀ)» жыхуиӀэщ. Абым нэмыщӀыу цӀэ иӀэр БгъэжьакӀэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм, Африкэм, Азиэм я къырыщхьэхэм, лъэтэжкъым. Щогъуалъхьэ къыр дапхъэхэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм. Абгъуэр нэхъыщхьэу къуацэм, удзыпкъэ гъущэм къыхех.
Хъумэн хуэй Тхылъ плъыжьым ираха щхьэкӀэ илъэс къэс и бжыгъэр нэхъ мащӀэ мэхъу, и нэхъыбэм ар цӀыхум и ӀэщӀагъэу, и лажьэу.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къаукъаз бланэукъым и Ӏус нэхъыщхьэр псэущхьэ лӀахэрщ. Ятоуэ псэущхьэ сымаджэхэмрэ лъэрмыхьхэмрэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.