Бзупщэху
Appearance
Бзупщэху | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Ficedula albicollis Temminck, 1815 | ||||||||||||||||
|
Бзупщэху (лат-бз. Ficedula albicollis) — жьыкъан лъэпкъым щыщщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]НыбэщӀагъыр, натӀэр, пщэщӀыбыр, кӀащхьэр, дамэхэм — ӀэпапӀэ хужь хэлъщ. Пщэм, жьэгъум хуэзанщӀэу, Ӏэлъыным хуэдэу хужь хъурей къырокӀуэ. Анэмрэ хъумрэ я теплъэкӀэ гу лъыптэу зэщхьэщокӀ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу, щогъуалъхьэ Къаукъазым, а бы и щӀыб къуршхэм, къущхьэхъу мэзхэм. Къаукъазыкум — Къэбэрдей-Балъкъэрым, Тебэрды, Щачэ и Ӏэгъуэблагъуэм, мылъэтэжу щопсэу, ауэ и бжыгъэкӀэ мащӀэщ. Ипщэ, Курыт Еуропэм къыщизышхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Африкэм щрах. Щогъуалъхьэхэ жыг гъуанэхэм, жыгыуӀухэм абгъуэ папщӀэу къыраудахэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр зэщымыщщ. Нэхъыбэу цӀыв хупс, псом хуэмыдэу мэшбэвым ейхэр, бадзэ, щыгъыныхь, бэджхэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.