БзулъэкӀыхь
БзулъэкӀыхь | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Himantopus himantopus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
БзулъэкӀыхь (лат-бз. Himantopus himantopus) — псыкъуакъо лъэпкъ, бзулъэкӀыхь лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дамэхэр, тхыцӀэр, пщэ, щхьэ щӀыбыр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, щӀагъыр хужьыфэщ. КӀэр кӀыхькъым, занщӀэуэ пыгъэшхъуам хуэдэщ. Пэ занщӀэ псыгъуэ, кӀыхь жанщ. Лъакъуэхэр икъукӀэ кӀыхьщ, плъыфэщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы бзур щыплъагъуну Хы ФӀыцӀэ, Хы МыутӀэ Ӏэгъуэблагъуэхэм щыӀэ хыкъум Ӏуфэхэм, Тэрч и пэм деж. ЩӀымахуэр Хы Каспий и ипщэ лъэныкъуэхэм щизых къахокӀ. Дунейм и щӀыпӀэ бжыгъэм щопсэу. Абгъуэхэр гуп-гупурэ ящӀ. Ар хъумэным йогугъхэу. ЦӀыху ялъагъумэ полъатэри, гум техуэгъуей гоу, хьэбанэ макъым ещхь ирагъэщӀэкӀ. Абгъуэм и гъунэгъу хъуамэ хьилагъэкӀэ зэрыпыӀуишынум пылъщ, елъэшауэ, дамэхэр къыдэмыбзафэ хуэдэ зищӀу. ЩӀыкӀуэкӀэ гузавэкъым, лъэбакъуэ къэси лъакъуэхэр лъагэу дреӀэтей. ФокӀадэм и япэ тхьэмахуэм бзулъэкӀыхьхэр мэлъэтэж.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.