ШыкӀэпшынэ
ШыкӀэпшынэ кӀах-бз. шыкӀэпщын, беслъ-бз. шыкӀэпчынэ | |
Классификациэр | |
---|---|
Бзэпс Ӏэмэпсымэ | |
Ӏэмэпсымэ Ӏыхьлыхэр | |
Апхярца | |
Еуэхэр | |
ДжэгуакӀуэхэр | |
КъыдэзгъэкӀыр | |
ГъукӀэ Замудин, Ойберман Владимир |
ШыкӀэпшынэ (кӀахыбзэкӀэ шыкӀэпщын, пхъэпщын, беслъ-бз. шыкӀэпчынэ) — адыгэ бзэпс Ӏэмэпсымэхэм ящыщ. А цӀэм нэмыщӀу етӀуанэ цӀэ зэрехьэр «пхъэпшынэ».
Уэрэдым къдеуэн, къафэ мэкъамэ къызырыхах адыгэ Ӏэмэпсымэ.
ШыкӀэпшынэр адыгэ лъэпкъым щӀыпӀэшхуэ иубыдт, хьэщӀэщ хабзэм, гъэсэныгъэм пыщӀауэ. ШыкӀэпшынэм еуэфыныр, дэжьыуныр сэбихэм я гъэсэныгъэм хэтт. Нарт хъыбархэм, уэрэдыжьхэм, псалъэжьхэм къэӀохугъуэ куэд къахокӀыр шыкӀэпшынэм теухуауэ, лъэпкъым ижьыжь лъандэрэ зэрхэтар.
ЦӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И цӀэр псалъищу зэхэлъщ: «Шы», «КӀэ», «Пшынэ» — а псалъэм къеӀуатэ шыкӀэпшынэм и зэхэлъыкӀэ. Иджырей шыкӀэпшынэхэм я бзэпсхэр гъущӀкӀапсэм къыхащӀыкӀ; пэсырей шыкӀэпшынэм и бзэпсхэр шым и кӀэм къыхахт.
ЗыхэлъыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШыкӀэпщынэ пэж
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пкъыр, пщэр, щхьэр зы пхъэ такъырым къыхахт (кӀей, кхъужьей, бжейм). ШыкӀэпшынэныбэр — пкъыр къызхэха пхъэми къыхащӀыкӀт е пхъэ нэхъ щабэм (псей, уэздыгъей).
ШыкӀэпшынэм и кӀыхьэгъыр см 70; пкъым и бгъуагъыр см 7—20; пкъым и кууагъыр см 4—8; бзэпситӀыр щхъэм идеж шыкӀэпшынэтхьэкӀумэхэм егъэубыдауэ шыкӀэпшынэлъакъуэм нэс къеххэт, бзэпс фӀэгъэнапӀэхэм нэс, пщэм деж Ӏэпщэпх идзауэ щытт, фэм къыхэщӀыкӀауэ — фэм къыхэщӀыкӀауэ. Пкъым и щӀыбагъым «Мыстхъу» е «Мэзышэ» телът, еуэным ипэкӀэ шабзэр абым щахъу.
ГъущӀ бзэпс шыкӀэпшынэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджырей шыкӀэпшынэр виолончел-скрипкэ оркестр Ӏэмэпсымэхэм ещхьыфу щытщ. И бзыпсхэр гъущӀкӀапсэм къыхэщӀыкӀащ, я бжыгъэри плӀы мэхъур. ШыкӀэпшынэ шабзэри еуропеу щытщ.
А шыкӀэпщынэм и сурэт зэфӀэгъувэным зи лэжьыгъэ хэлъыр Щауэжь Елмырзэщ.
Зэреуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШыкӀэпшынэм и еуэкӀэр тӀууэ зэщхьэщокӀыр:
- КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ еуэкӀэ (бзэпсхэр шыкӀэпшынэпшъэм текъузэн; къэбэрдей, абазэ еуэкӀэ)
- КъуэхьэпӀэ лъэныкъуэ еуэкӀэ (теӀэбагъуэ, шыкӀэпшынапщэм нэмысу бзэпсым текъузэныр; кӀахэ адыгэхэм я еуэкӀэ)
Иджырей зэманым и къэгъэсэбэпыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШыкӀэпшынэр куэду къагъэсэбэп Ӏэмэпсымэхэм ящыщ къафэ ансамбылхэм «Кабардинка», «Налмэс», «Меркуриим». Абым елъытауэ шыкӀэпшынэ еуэным и егъэсэныр фӀыуэ зэфӀэгъувауэ щыткъым, здагъасэ къуэдер Ипщэ Къаукъазым и Къэралыгъуэ Арт Институтым НалщӀэч къалэ дэтым.
Пэсырей шыкӀэпшынэм и зэфӀэгъэувэжын и егъэджэнымкӀэ лъэжьыгъэшхуэ хэзылъхьэр ГъукӀэ Зэмудин. Абы и фӀагъкӀэ Адыгэ къэралыгъуэ Университетым студентхэр щегъасэ, Адыгэ республикэм и ИскуствэхэмкӀэ щӀэлъцӀыкӀу еджапӀу Лъэцэрыкъуэ Керим и цӀэкӀэ щытыми цӀыкӀухэр щегъасэ.
Иджырей шыкӀэпшынауэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Шэрджэс Алий — Къ-Ш
- Къурашэ Ӏэрсен — Къ-Б
- Иуаз Зубер — Къ-Б
- Мэретыкъуэ Аслъэн — Адыгэ къ.
- ГъукӀэ Зэмудин — иригъэджахэр:
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |