ПхъэцӀыч
ПхъэцӀыч ПхъэкӀыч | |
Файл:ПхъэцӀыч.jpg | |
Классификациэр | |
---|---|
ПхъэцӀычхэр | |
Ӏэмэпсымэ Ӏыхьлыхэр | |
Пхъэмбгъу пхъэцӀыч Ӏэпхъуалъэ тӀыркъэ | |
Еуэхэр | |
ПхъэцӀычэуэ |
ПхъэкӀы́ч иэ пхъэцӀы́ч — адыгэ мэкъамэ Ӏэмэпсымэхэм ящыщ, и нэхъыбэм пэмыкӀ Ӏэмэпсымэхэм ядеу кӀуэр (къэзанпшынэ, шыкӀэпшынэ, къамыл). МакӀыу пхъэкӀычхэр уэрэдхэм ядокӀыгъур. И макъыр, и лъэшыгъуэр нэхъыфӀу къыздыхэкӀыр мэкъамэ Ӏэмэпсымэ гупым щадеуэм ядежь. ПхъэкӀычым мэкъамэр кӀеубыдэр, егъэзандэ, псалъэжъым зэржьиӀэмкӀэ —
« | ПхъэкӀычыр мэкъамэм и щӀопщ | » |
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ПхъэкӀычыр къызхэкӀам хъыбар бжыгъэ лъэпкъым хэлъ, абыхэм ящыщ зыр Нартхэм ятеухуа, ауэ, тхыдэм и щӀэныгъэмкӀэ арэзыгъуэ имыӀу щыт.
Нартхэм я хъыбархэм зы къэӀохугъуэ хэлъ, пхъэкӀычыр къэзхэкӀам теухуауэ. А хъыбарим къызэриӀуатэмкӀэ нарт Ащэмэзым къигупшысауэ щыта. Тхуэшэм и пхъэмб зытӀущ иупсауэ, зэбгъэгуилъхьэхэри я зы лъэныкъуэмкӀэ зэкӀэришъахэ. Ащэмэз зэригугъэтэмкӀэ къамылым и макъыр нэхъ дахэ хъут пхъэкӀычыр дэкӀыгъу щытмэ.
ЛӀэщӀыгъуэ XX ипэкӀэ, пхъэкӀычхэм хэт пхъэмбгъухэм я бжыгъэр макӀэ дыду хъут, плӀы нэхъ хэмыту я сурэткӀи бгъуэху, гъуму щытхэт. ЛӀэщӀыгъуэ XX и 30 гъэхэм щыкӀэдзауэ пхъэмбгъухэм я бжыгъэр 3-5 нэсу хъыбар къыносхэр, ЕДЗ-м яуж зэманыгъуэм пхъэкӀычым и пхъэмбгъухэм я бжыгъэр блым нэса, иджырейхэм я бжыгъэр 6 щыкӀэдзауэ 9 нэсыфыну, я сурэткӀи нэхъ Ӏузу икӀи псыгъуэху.
ЗэфӀэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЗэхъуэкӀыгъуэ къехъулӀауэ хъуар пхъэкӀычым и нэхъыбэм зытеухуахэтэр хуэгъэзэным шъхьэкӀэ пшынэ зэгъусу зыдеуэм. Пхъэмбгъу — «пхъэмбгъупӀокӀэ цӀыкӀу», кӀыхьхэр занкӀыу зэгуэхьу щытыфынухэ иэ я кӀапэм идежькӀэ нэхъ пӀакӀэ хъуху. Пхъэмбгъухэм я зым къу фӀэт — «утыкӀ» иэ «пкъы». Пхъэмбу хъуар фэрыпскӀэ утыкӀым пышъахэ. И къур (утыкӀыр) къабзэдыду джафауэ щытын хуэй, Ӏэм банэ химыхуэн щъхьэкӀэ иэ псыбыб имышъыным.
Пхъэмбгъухэм я гъумагъыр я кӀыхьагъымкӀэ зэхуэмыду щытхэ, нэхъ зэв мэхъухэ фэпсыр здидзам дежь. Апхуэду кӀыщытыр пхъэмбгъухэр нэхъ хуиту «зэкӀэлъэлъыным» шъхьэкӀэ.
ШъэныгъэлӀхэм зэщымыщ гъэхэм пхъэкӀычым и сурэтым и тепсэлъыхьыгъуэ къагъэнахэр зэшъхьэщокӀхэ, абым хуэду:
1960 гъэхэм щыкӀэдзауэ къэӀохугъуэм итыр: кӀыхьэгъыр — мм 300-350; пхъэмбгъухэм я гъумагъыр — мм 170-180, яужым ар мм 100-170 мэхъур. Пхъэмбгъухэм я бгъуагъыр мм 40-50, яужым мм 50-100 мэхъухэр. Иджырей пхъэкӀычхэм я къум и кӀыхьагъыр мм 260-290 хуэдиз мэхъур; пхъэмгъу хэтыр 6-9, я кӀыхьагъыр мм 165-170 хъууэ, мм 45-50 я бгъуагъу, мм 4-6 гъумагъу.
ЕуэкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ПхъэкӀычэуэхэм джэгухэм, ансамбылхэм хэтхэм, нэхъыбэм пхъэкӀычитӀ яӀэхэ, пхъэмбгъухэм я бжыгъэр зэшъхьэщыкӀху. ӀэсэмэгумкӀэ пхъэкӀыч пхъэмбгъуих хъур яубыд, ӀэижьэмкӀэ пхъэмбгъу 7-8 хъур яубыд. Апхуэдэ тӀурытӀ пхъэкӀычхэм я сурэтри я инагъри зэхьчу щытхэ псомкӀи.
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- «Пхачич - адыгские трещотки». А.Н. Соколова. Мыекъуапэ. 2002 гъэ.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |