Темэнпсычэт
Jump to navigation
Jump to search
Темэнпсычэт | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Vanellus vanellus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
Темэнпсычэт (лат-бз. Vanellus vanellus) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр[гъэтэрэзын | edit source]
Инкъым. Щхьэр, хулъащхьэр — фӀыцӀэщ; бгъэр, ныбэ щӀагъыр, щхьэбгъухэр — хужьщ. ТхыцӀэр удзыфэщ гъуэжь-гъуабжафэ къыщӀэуэу. ЩхьэщӀыбымкӀэ цы бгъузэ зыбжанэ хьэгуагуэ къыхокӀ.
Здэпсэухэр[гъэтэрэзын | edit source]
Щопсэу Еуропэ псом, Азиэм. Мэлъэтэж. Урысейм щыӀэхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Къаукъазымрэ Курыт Азиэмрэ щрах. Щогъуалъхьэ мэкъупӀэ псыӀэхэм, мэз, псыпцӀэ гъунэхэм, губгъуэхэм. Пкъымызагъэ гуоурейщ.
Ӏусыр[гъэтэрэзын | edit source]
Я Ӏусым хохьэ хьэпщхупщ, хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, мацӀэ.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.