Тарифэ
Jump to navigation
Jump to search
Тарифэ (эсп-бз. Punta de Tarifa) — Еуропэм и ипшэ дыдэ кIэух къуапэ. Эспаниэм и Андалусиэ аутоном зэхэтым и Тарифэ къалэм и къуалапэм деж Iулъ къуапэ. Къуапэр япэм тIыгуу щытауэ иджы континентым дамбэкIэ ирапха щIым и ипшэ-къухьэпIэм деж тетщ.
Езы къуапэр Атлантикэ хышхуэмрэ ЩIылъэку хымрэ я зэхуакум дэкI Гибралтар Iузэвым и нэхъ зэв дыдэ пIэ деж щылъщ. Африкэ Iуфэм нэс километрэу 14 фIэкI дэлъкъым.
ТIыгуу щыта Лас-Паломас зэрыщыту Эспаниэм и зауэ IэмэпсымэкIэ гъэухуауэ щытщ, абы къыхэкIыуи туристхэр къуапэм трагъэхьэну ядэкъым. 1826 гъэм къуапэм тращIыхьащ маяк, иджы къэс лажьэу тетыр.
Къуапэм и цIэр къыздыхэкIыр 710 гъэм Iуфэм деж къитIысыкIауэ щыта хьэрып дзащхьэ Тариф и хьэтыркIэщ.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |