Jump to content

Мэзкуу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Федерал къалэ
Мэзкуу
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
Файл:Moscow collage new(2013).png
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Мэзкуу
Кординатхэр Кординатхэр: 55°45′20.83″ с. ш. 37°37′03.48″ в. д. / 55.755786° с. ш. 37.617633° в. д. (G) (Я)55°45′20.83″ с. ш. 37°37′03.48″ в. д. / 55.755786° с. ш. 37.617633° в. д. (G) (Я)
КӀуэцӀ гуэшыгъуэр администрациэ хэкуйпщ (куей 125)
Мэр Сергей Семёнович Собянин
япэреуэ и гугъыр 1147 гъэм
Хьэблэ  1147
И инагъыр 1081 км²
Климатыр зыхуэдэр континент-курытыгъуэ
Ӏувагъыр 9771 км²/цӀыху
Агломерациэ 14.500.000
Лъэпкъхэр урысхэ (84,83%),
украинхэ (2,44%),
къэзанхэ (1,6%),
ермэлыхэ (1,2%),
азэрбиджанхэ (0,92%),
джуртхэ (0,8%)
Зэманыгъуэр UTC+3
ОКАТО 45
Официал сайтыр http://mos.ru/
Мэзкуу (Урысей)
Мэзкуу (Мэзкуу)

Мэзкуу (урбз. Москва) — Урысей Федерациэм икъалъэ Ӏэташъхьа.

Урысеймрэ Еуропэмрэ инэхъ къалэ ин (джылу дэсыр бадзэгъуэм 1, 2009 гъэм - 10 527 милыуану) Дунейм тет 10 къалэ нэхъ инхэм яхэт

Мэзкуу транспортымкӀэ, политикэмкӀэ, экономикэмкӀэ пӀэшхуэ иӀа. Къалэм аэропорту 6 мэлъажьэ, гъушӀгъогу станциэу 9 дэт, псым ипорту 3 (хыхэм пышъауи кхъухьхэр зокӀуэ) 1935 гъэм щыкӀэдзауэ къалэм метро мэлажьэ.

Ныпри дэмыгъэри жыӀуху пӀлӀиму щыт, ифэр плъыжьу, абы шууэ Джэрджэ ТекӀуэ тет, благъуэр иукӀыу

Мэзкуу Урысейм иеуропэ лъэныкъуэм икум ит, Окарэ Индыл псыхэмрэ язэхуакум. Смоленск бгыхэмрэ Мэзкуу бгыхэмрэ здызэхуэзэм (къуэхьапӀэмкӀэ), Мэзкуу псымрэ Ока псымрэ ягубгъуэм (къуэкӀыпӀэмкӀэ), Мещор губгъуэ лъахъчэм (ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ) Калъэм шӀы иубыдыр 2006 гъэмкӀэ 1081 км², ар хэку хуэду Урысейм псом нэхъри нэхъ цӀыкӀу мэхъу. Инэхъыбэ хапӀэр (877 км²) ихъуреягъым ирикӀуэ гъогум икӀуэцӀым ит, адреир (204 км²) игъунэмкӀэ.

Къалэм ишӀэм пӀэ нэхъ лъагу иӀар Теплостаным иде, илъэгагъыр 255 м. мэхъу. Мэзкуу ибгъуагъыр гъогу хъуреягъым икӀуэцӀымкӀэ ишъхъэрэмрэ ипшъэмрэ нэгъунэ 38 км. дэлъ, къуэхьапӀэмрэ къуэкӀыпӀэмрэ 39, 7 км. дэлъ.

Къалэр Мэзкуу псыхъуэм илъэныкъуитӀым тет. Абы пэмӀыкӀыу иджыри зыбжыгъэ щожэхыр къалэм, янэхъ инхэр Мэзкуу псым хэлъаду: Сходнэ, Химкэ, Преснэ, Неглиннэ, Яузэ, Нищенкэ джоуэ (ахэр исэмырабгъумкӀэ), Сетун, Котловкэ, Городнэ джоуэ (ижьырабгъумкӀэ). Псы цӀыкӀу бжыгъэ (Неглинэ, Преснэ пэмыкӀы Ӏамэ...) къалэм иде шӀыкӀагъым гъогу-ежэхыпӀэ хуашъауэ яӀа.

Япэрей дыду Мэзкуу ипӀэм иде щыӀа хьаблэхэр къыщыхъуар лъэпӀкъ къуэкӀыгъэпӀэмрэ къуэхьапӀэ лъэнукъуэмрэ урыс губгъуэм иде, щэхуэн-шъакӀуэн щыкӀадзам. Абы Мэзкуу ишӀыпӀэр хуэкӀуэт гъогухэр иде зэхэкӀыр псы Двинэрэ Неманымрэ Бэлтий лъэныкъуэмкӀэ ежэххэр. Днепырымрэ Индылымрэ Тэнымрэ абыхэм ядежь нэхъ гъогу кӀэкӀхэр Мэзкуурэ Клазмэрэ япсыхъуэмкӀэ ирикӀуэт. А шӀыпӀэм идежь Мэзкуу здашъар.

XIII илъэсишъэхэм Мэзкуу япэреуэ къалэ Ӏаташъхьа мэхъу, пщы хэкум. 1213 гъэм абдежьым пщыкъуэ Владимир Всеволод икъуэ, тӀэкӀурэ дотысхьа, къалэр икъуэш Юриэм зэауэкӀэ къытрихауэ, ауэ яужым Мэзкуу иритыжьын хуэй мэхъужь. ТӀэкӀу текӀауэ Владимирым къэгъэзэжьри аргуэру къалэр еубыдри, дунем емыхыжь кӀышъэ ( 1228 гъ. ) еӀыгъыр.

XI илъэсишъэхэм Мэзкуу нэхъ быду зэфӀоувэр, Ӏаташъхьар къэштэ, абы куэдыр хуокуэ: урыс пщы хэкухэм тэтэрхэмрэ монголхэмрэ къызэртеуар, Урыс Чылисэм инэхъыжъ шоджэныр къэкуэчу зэрдэтӀысхьар, Иван Калита мылъку бэгъуа зэхуехьасри Мэзкуу иӀанатӀэр пэмыкӀы пщыхэкухэм ятрелъхьа...

1353 гъэм Мэзкуу емынэ фӀыцӀэр къэкӀуа, цӀыху мин бжъыгъэ ихьа, пщы Семион икъуэр игъусу яхэту. 1365 гъэм Мэзкуу нафӀэм есыр, апхуэду къалэр бжыгъэрэ иса ( 1331, 1337, 1343, 1354 гъэхэм )

1712 гъэм нэгъунэ Урысей псом икъалэ Ӏэташъхьу щыта, яужым къалэ Ӏэташъхьу Бытырбыху мэхъу 1918 гъэм нэгъунэ, агъэм Мэзкуу аргуэру къалэ Ӏэташъхьэ мэхъу.

  • Урысхэр - 8, 908, 864
  • Украинхэр - 252, 113
  • Тэтэрхэр - 168, 075
  • Ермэлыхэр - 126, 057
  • Азырбиджанхэр - 94, 542
  • Джуртхэр - 84, 038
  • Урысыхухэр - 63, 028
  • Курджыхэр - 52, 524