Jump to content

Къумщу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къумщу
Къумщу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Щу лъэпкър
Лъэпкъыгъуэ: Щухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къумщу
Латин цӀэр
Merops persicus
Pallas, 1773


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554657
NCBI 457325
Merops persicus

Къумщу (лат-бз. Merops persicus) — щу лъэпкъым хэхьэ лӀэужьыгъуэщ.

НатӀэр хужь-къуащхъуафэщ, жьэгъущхьэр гъуэжьщ, илъащӀэмкӀэ гъуабжэ хъужу, щхьэбгъухэр къащхъуэщ. АдреймкӀэ теплъэм удзыфэ лыдыр къобэкӀ.

Уащыхуохэ Ставропол къэралым и къум, къумныкъуэ щӀыпӀэхэм. КъаукъазщӀыбым и ипщэ-къуэкӀыпӀэм, атӀанэ — Азиэм, Африкэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Мэлъэтэж, щӀымахуэр щрех Ищхъэрэ Африкэм, Индонезиэм и щӀыналъэхэм.

Мы бзум ухуозэ бжьэшхым игъусэу, е гъунэгъуу. Ахэр я инагъкӀэ зэхуэдизщ, ауэ гугъуехьыншэу зэхыбогъэкӀыф — бжьэшхым и теплъэм удзыфэ, жьэгъум — гъуэжьыфэ хэткъым.

Я Ӏусыр нэхъыщхьэу бжьэ, щӀыбжьэ, хьэдзыгъуанэ, абыхэм я гъунэгъу гъудэбадзэщ.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.