Кърухужь
Appearance
Кърухужь | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Grus leucogeranus Pallas, 1773 | ||||||||||||||||
|
Кърухужь (лат-бз. Grus leucogeranus) — къру лъэакъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуалэбзу пӀащэщ, къешэч ч. 5-8,6. И пэ хъуреягъым, натӀэм цы теткъым, фэр плъыжьщ абдежым. Пэ лъэш ин пытщ, плъыжьыфэу. И цыр хужьщ къабзий пхъашэхэм щымыхъукӀэ (ахэр фӀыцӀэщ). Анэмрэ хъумрэ зэфэгъущ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Сыбырым и щӀыпӀэ щхьэхухэм. ЩӀымахуэр щрах Азэрбиджаным и ипщэ-къуэкӀыпӀэм (Аракс и хэлъэдапӀэм), Къажэрым, Хъутейм и Ипщэ-КъуэкӀыпӀэм, Индиэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кърухужьхэм Ӏумпэм ящӀкъым зыри, я Ӏусым къэкӀыгъи псэущхьи хохьэ: дзыгъуэ, къуалэбзухэм я джэдыкӀэ, я шырхэр, бдзэжьей, хьэпщхупщхэр, абым нэмыщӀу мэракӀуэхэкӀ, псыудзхэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.