Кууалэ-Лумпур

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къалэ
Кууалэ-Лумпур
мэл.-бз. Wilayah Persekutuan Kuala Lumpur
джауи:كوالا لومڤور
ин-бз. Federal Territory of Kuala Lumpur
хъут.-бз. 吉隆坡联邦直辖区
там-бз:கோலாலம்பூர்
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
Къэрал Мэлайзиэ
Штат Федерал щӀыналъэ
Кординатхэр Кординатхэр: 3°09′35″ с. ш. 101°42′00″ в. д. / 3.159722° с. ш. 101.7° в. д. (G) (Я)3°09′35″ с. ш. 101°42′00″ в. д. / 3.159722° с. ш. 101.7° в. д. (G) (Я)
Къалэм инахъыщхьэр (Мэрыр) Nor Hisham Ahmad Dahlan
Щыхалъхьар [[1857[1]]]
Хьэблэ  1972 гъэм ФокӀадэм и 1-нэ
И инагъыр 243 км²
Ӏувагъыр 6891 км²/цӀыху
Агломерациэ 7780301[2]
Этнохоронимыр куалалумпурхэр
Зэманыгъуэр [[UTC+8 MST]]
Почтэ индексыр 50000-60000
Автом и кодыр V, W (Таксим нэмыщӀ адрес транспорту хъуам)
Официал сайтыр http://www.dbkl.gov.my/
Кууалэ-Лумпур (Мэлайзиэ)

Кууалэ-Лумпур, е ицӀэдыдэу Кууалэ-Лумпур Федерал ЩӀыпӀэ (мэл.-бз. Wilayah Persekutuan Kuala Lumpur), нэхъзэреджэр кӀэщӀыу KLщ, ар къэралым икъэлащхьэщ иджыкӀыи Мэлайзием икъалэнэхъиндыдэщ. Мэлайзием иглобалкъалэу зэрыщыту абы еубыд щӀыпӀэу 243км² щӀигъурэ цӀыху милуанрэ мин щиблрэ тощӀрэ пщӀым нэгъунэ щыпсэуэ. Кууалэ-Лумпурышхуэрамэ (иджыри Кланг кӀэйуэ доцӀыху) ар къалэ агломерацэшхуэ мэхъу жылэдэсыу милуаниым нэблагъэу[3]. Ар нэхъ псынщӀэу хэхъуэ Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азие къалэхэм ящыщ зыщ, экономикэмкӀи, жылэдэсымкӀи.

Кууалэ-Лумпурыр Мэлайзием ищэнхабзэ-, финанс-, иджыкӀыи экономикэкупсэщ. Абы нэмыщӀ Мэлайзием ихасэмрэ ипащтыхьымрэ (Лъэпкъыгъэ Уардэунэ) яунэщ. Зэм къалэм иӀыгъащ федерал лэжьыгъэ ӀэнатӀэмрэ хеящӀэ ӀэнатӀэмрэ яунэхэр, ауэ 1999-нэ гъэм Путраджае ягъэӀэпхъуащ ахэр[4]. ТӀом щыгъуэми абыхэм щыщ къудамэхэр къыздынэсым Кууалэ-Лумпур къыдэнащ.

Кууалэ-Лумпурыр Мэлайзием ифедерал щӀапӀищым язщ Мэлакка хытӀыгуныкъуэм икъуэхьэпӀэ Ӏуфэм дэт Селангор штатым икӀуэцӀым хэубыдыкӀауэ щытщ. 1990 гъэхэм щыщӀэдзауэ къалэм игъэхьэщӀащ лъэпкъ зэхуакухэу спорт, политикэ, щэнхабзэ зэхьэзэхуэхэр. Яужьре декадэхэм Кууалэ-Лумпурым хуабжьэу зиужьащ; абы изиужьыныгъэм игулъытэу, исимволу къыдэнащ къалэм дунепсом нэхълагэдыдэу тет Батэгъэ ЗэтӀолъхуэныкъуэхэр.

Кууалэ-Лумпур иӀэщ гъуэгу системэ убгъуа публик транспорткӀэ узэщӀауэ, цӀыхубэ къалэ транзит (MRT), Метро псынкӀэ (LRT), ЩӀэх КъешэкӀ Отобус, Монорельс, агломерацэм ищӀыпӀэпхыдзахэр зыпызыщӀэ гъущӀгъуэгу, КхъухьлъатэтедзапӀэм кӀуэ Экспресс. Кууалэ-Лумпурым дэтщ дунепсом нэхъиндыдэ тыкуэнипщӀым ящыщ щыр[5], аращи туризмрэ щэхуэнкӀэ къалэ пашэхэм ящыщ зыщ[6].

Кууалэ-Лумпурыр Economist Intelligence Unitым и Дунейпсо псэуакӀуэ рейтингымкӀэ иубыдащ дунем и 70-нэ увыпӀэр, ауэ Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азием 2-нэу щытщ СингэпӀурым иужькӀэ[7]. EIU-м и Къалэ Хъума ИндексымкӀэ дунем къалэнэхъхъумадыдэхэм я 60-м щиӀыгъщ 31-нэ увыпӀэр[8]. Кууалэ-Лумпурым йоджэ КъалэтелъыджэщӀиблым язкӀэ[9], абы нэмыщӀ Тхылъхэм яДунепсо Къэлащхьэ къэлэныр 2020-нэ гъэм УНЕСКО-м иунафэкӀэ зырихьэнущ[10][11].

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Кууалэ-Лумпурым итхыдэ
Мэжгыт Джэмек, Гомбакрэ (ижьымкӀэ) Клангымрэ (сэмэгумкӀэ) языхэлъэдапӀэм. Къалэм ипасэре тӀысыпӀэхэр мыбдехэм дежт къыздежьатыр.

ЦӀэм икъежьапӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Кууалэ-Лумпурым мэлеибзэкӀэ къикӀыр 'зыхэлъэдапӀэ утхъуа'; kuala жиӀэмэ 'пситӀ здызэхуэзэр' жиӀэу аращ, нэгъуэщӀыу Ӏестуарий, lumpur жиӀэмэ 'ятӀэпс', жи[12][13]. КъазэрыщыхъукӀэ ицӀэм иӀэщ иджыри зы тхыдэ ар Сунгай Лумпурым (псы утхъуа) къытехъукӀауэ; ар тхыдэм хыхьащ 1820-нэ гъэм Sungei Lumpoor Клангыпсым ипщэм нэс гъуху къыздыщӀах жылагъуэ нэхъ лъэщу щытауэ[14]. Гурыщхъуэ къызыхэкӀыр, Кууалэ-Лумпурыр здэщылъ щӀыпӀэр Гомбакыпсыр Клангыпсым здыхэлъадэращи, хуэгъэфэщауэ КӀуалэ-ГомбаккӀэ еджэнхуещ, сытым щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэстуариир зызейр Гомбакыпсыращ, здыхэлъадэр псы нэхъинщ[14]. Абы едауи къахокӀ, Сунгай ЛымпӀурыр езыр Гомбакапсырауэ, аращи абы иӀэстуарийр Къалэм цӀэр иритауэ[15], абы нэмыщӀ, зэрыжаӀэмкӀэ, Сунгай-ЛымпӀурыр нэгъуэщӀ псыхъуэцӀыкӀуу щытщ, Гомбакыпсыр Клангым ихэлъэдапӀэм килэметритӀ хуэдизкӀэ нэхъ ипщэу, е Бату БгъуэнщӀагъхэм ящхъэрэкӀэ щыӀэ щӀыпӀэмкӀэрагъэнщ.


Абы игущӀыӀужкӀэ мыпхуэдэ хъыбари къагъэунэху а щӀыпӀэм Pengkalan Lumpur (ятӀэ тӀысыпӀэ) цӀэ зырихьауэ Клангым Pengkalan Batu («нывэ тӀысыпӀэ») цӀэр зэрызырихьам хуэдэу, ауэ Кууалэ-ЛумпуркӀэ зырахъуэкӀыжауэ[16]. Иджыри зы гугъэ щыӀэщ ар кантон lam-pa псалъэу щытауэ, 'псыпцӀэ мэз' е 'мэз фа' жиӀэу къикӀыу. Ауэ абыхэм ящыхьэт иджырей щӀэныгъэм щыӀэкъым, сэмэркъэу къекӀуэкӀ фӀэкӀа[17]. Къалэм ицӀэр псалъэжь гуэрым къыхэкӀауи щытыгъэнщ.

Япэре зэманым[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Яп Ах Лой, Кууалэ-Лумпур иещанэ хъут Капитанщ

Кууалэ-Лумпур къалэри ицӀэри къыздежьар наӀуэу щыткъым. 1860-нэ гъэхэм иджыре къалэм км-16 хуэдизкӀэ ищхъэрэкӀэ Сылангорыпсым ипщэкӀэ хъут шахт лэжьакӀуэхэр гъухумывэ къыщӀахыу щытащШаблон:Sfn , абы иужькӀэ 1860-нэ гъэхэм нэмысу Суматрэ къикӀауэ Мэндайлингхэр щылэжьащ Улу Кланг къыщӀэхыпӀэхэм Рэджа Асалрэ Сутан Пуасэрэ япашэу, аращи Суматрэхэрауэ къыщӀэкӀынщ Клангыпсым ипщэкӀэ дэтӀысхьахэтыр е-19-нэ лӀэщыгъуэм ипэхэм, нэхъапэнкӀи хъунущ[15][18][19][20]. ИпэщӀэдзапӀэм къалэ хъун ипэ, Кууалэ-Лумпурыр хьэблэцӀыкӀуу щытащ, унэ зытӀущрэ тыкуэн зытӀурэ нэхъ дэмытыу. Кланг тхьэмадэу Рэджа Абдуллах бин Рэджа Джэфар икъуэшыу ЛыкӀут Жэмэхьэтым ирэджам идэӀэпыкъуэгъукӀэ Мэлаккэ хъут дэжыгхэм ахъшэр къыхидзауэ хъут шахт лэжьакӀуэхэр къищтащ мыбде шахтыщӀэхэр къызэӀуихын имурадыу[21][22]. ЛэжьакӀуэхэр техьащ а щӀыналъэм, адэкӀэ лъэсу дэкӀащ Ампанг нэс, япэре шахтыри абде дыдэм къызыӀуахащ[23]. КхъухькӀэ гъужмылэри, зэрылажьэ Ӏэмэпсымэри, гъухумывэри къызэрепшэкӀыфынутыр Кууалэ-Лумпур нэс къудет, адэкӀэ кхъухьхэр зэрыземыкӀуэм къыхэкӀыу КӀуалэ-Лымпяурыр къэхъуащ гъуху шахтхэр щызымыгъащӀэ купсэу[24].

Къалэм ихэхъуэныгъэмрэ и зиужьыныгъэ псынщӀэмрэ зифӀыгъэу ялъытэ Сэр Франк Суеттенхемщ

Япэ шахт лэжьакӀуэхэр техьэгъуэм кужду илӀыкӀами, гъухум куэд федэуэ къыхахат, иджыкӀии нэхъри лэжьыгъэм зиубгъуат. Япэреуэ гъухур ягъэӀекспортащ 1859-нэ гъэм[24]. А уахътэ дыдэм Сутан Пуасэ Ампанг ипэмыжыжьэу ищэнщэхуэн Ӏуэхур иригъэкӀуэкӀт[25]. Гъуху къыщӀэхыным тегушхуа къалэм нэхъри зиужьу здащӀидзар Бэзэрыжь утыкум щыщӀэдзауэ Ампангти, Пудути, Батути, Пыталингрэ Дэмэнсарэрэ нэгъунэ гъуэгухэр дэкӀыу. Гъухур къыщӀэзых гупхэр зыр зым теуэу щӀадзащ, нэхъшахтыфӀхэр къазэууну яужь итхэу[26]. Хъут жылэм япашэхэм «Капитан Сина» титулыр къыхуагъэфэщэу щӀадзащ, япэреуэ Кууалэ-Лумпурым икапитан титулыр зырататыр Хиу Сьют, нэхъапэ дэжыгхэм ящыщ зыт[27]. Кууалэ-Лумпур пасэм ищӀыхь зиӀэ, изиужьыныгъэм куэду хэзылъхьахэм ящыщщ Хьэжы Мухьэмэд ТӀэхьир, Дато Даганг (дэжыгхэм япашэ) щӀыхь зылъысар[18], Суматрэм щыщ Минангкабау жылэр, а щӀапӀэхэм тыкуэн зыӀыгъарэ табак зыгъэкӀахэмрэШаблон:Sfn, абыхэм щыщ Дато Сати, Утсман Абдулла[28], Хьэжы Мухьэмэд ТэӀиб, Кампунг Бару изиужьыныгъэм куэд хэзылъхьахэр[29][30].

Иджырей Кууалэ-Лумпурым икъежьапӀэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1884 гъэм къалэм итеплъэ. СэмэгумкӀэ - Мердека Утыку. Унэхэр зыраухуэтыр пхъэрэ чыт, Сэр Суеттенхем 1884 гъэм унэухуэгъуэ хабзэхэр къыдимыгъэкӀщыкӀэ. КъыкяэлъыкӀуэ илъэсхэм Кууалэ-Лумпурым ищытыкӀэр куэду хуабжьэу зиужьащ, зихъуэжащ.

Пасэрей Кууалэ-Лумпурыр куэдыу гугъу ехьащ социалрэ политик бэлыхьым теухуауэ, унэхэр, ухуагъэхэр мафӀэсым хуэтыншт, зи къабзэныгъэм, сэнитар щытыкӀэм хущыщӀэм уз куэд къыщыхъет, псыдзэм игъэшынэт. Къалэм икъежьапӀэр тохуэ Сылангорым къыщыхъуа граждан зауэм, Яп Ах Лой Капитаныр Тенгку Кудиным гъусэ хуохъу, абыхэм къезауэ гупхэр Махди пащтыхьым кӀэщӀоувэ. Раджа Асалрэ Сутан Пуасэрэ Махди пщым илъэныкъуэр къащтэри, 1872-нэ гъэм Кууалэ-Лумпурыр яубыдри мафӀэсым ирагъэхьыпэ. Яп Ах Лой Кланг зыщегъэпщкӀури, дзэщӀэ зырегъэпэщ, Пахангым къикӀа зауэлӀхэм яфӀыгъэкӀэ Кууалэ-Лумпурыр еубыд. Зауэ, тало узым икъэлыдыныгъэ, нэгъуэщӀ бэлэхьхэм яягъэкӀэ къалэм изиужьым къикӀуэтыу щӀидзащ. ЦӀыху куэд къалэм къыщӀэкӀуэсыкӀат. Къалэм идэхуэхыныгъэр 1879-нэ гъэ нэс екӀуэкӀт гъухум иуасэр дырагъэхуеиху[31]. 1881-нэ гъэм икӀэм къалэр псыдзэм мызэу ихьащ, А гъэ дыдэм ЩӀышылэм мафӀэсым зэрихьам къыкӀэлъыкӀуэу. Абы яужт къалэр мызэу мытӀэу зыблаухуэкӀащ, Яп Ах Лой иерыщыгъэм ифӀыгъэкӀэ[32].

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Кууалэ-Лумпур. Вокруг Света.
  2. KL on track to megacity status. Focus Malaysia. Еплъахэщ 30 Мэлыжьыхьым и 2015.
  3. Kuala Lumpur Population 2019. World Population Review.
  4. Putrajaya – Administrative Capital of Malaysia. Government of Malaysia. Еплъахэщ 11 Дыгъэгъазэм и 2007. ТехьэпӀэр архив ящӀри къыхахащ 21 Жэпуэгъуэм и 2007.
  5. 12 best shopping cities in the world. CNN Travel.
  6. Mastercard Destination Cities Index 2017. MasterCard.
  7. KL is second most liveable city in Southeast Asia. The Sun. Еплъахэщ 27 ШыщхьэӀум и 2017.
  8. KL safer than Beijing, Shanghai but Tokyo tops list of safest cities. The Malay Mail.
  9. Kuala Lumpur hailed as 'seven wonders cities' in the world. Еплъахэщ 27 ШыщхьэӀум и 2017.
  10. Kuala Lumpur named World Book Capital 2020. UNESCO.
  11. Unesco names Kuala Lumpur World Book Capital. The Strait Times.
  12. kuala in English. Glosbe.
  13. Malaysia, Singapore & Brunei. Ediz. Inglese. Lonely Planet Publications; 10th Revised edition.
  14. 14.0 14.1 A History of Kuala Lumpur 1856–1939. The Malaysian Branch of the Royal Asiatic Society.
  15. 15.0 15.1 Abdul-Razzaq Lubis, 'Sutan Puasa: The Founder of Kuala Lumpur', Journal of Southeast Asian Architecture (12), National University of Singapore, September 2013.
  16. name=«sutanpuasa»
  17. Шаблон:Book
  18. 18.0 18.1 The Growth of Kuala Lumpur and the Malay Communities in Selangor Before 1880. ТехьэпӀэр архив ящӀри къыхахащ 15 ШыщхьэӀум и 2016.
  19. Abdul Samad Ahmad, Pesaka Selangor, Dewan Bahasa dan Pustaka, Kuala Lumpur, (1937 edisi Jawi), 1966.
  20. #ECECEC title= #ECECEC Шаблон:Категориэ тхыдэ закъуэращ. Marshall Cavendish International Asia Pte Ltd.
  21. Шаблон:Cite book
  22. Шаблон:Cite we
  23. Middlebrook & Gullick, op. cit., 1983: 18.
  24. 24.0 24.1 Gullick|1955|page=10
  25. Шаблон:Cite book
  26. From tin town to tower city. kiat.net. Еплъахэщ 28 ФокӀадэм и 2010. ТехьэпӀэр архив ящӀри къыхахащ 27 Бадзэуэгъуэм и 2010.
  27. Шаблон:Cite book
  28. Nelmawarni Bungo, Nordin Hussin; Merantau ke Kuala Lumpur: Tradisi merantau dan berdagang masyarakat Minang, 2011
  29. Life is colourful on infamous road. The Star. Еплъахэщ 13 Мэкъуауэгъуэм и 2014.
  30. Malaysian Road Names: Who's Who?. Еплъахэщ 13 Мэкъуауэгъуэм и 2014.
  31. Southeast Asia: A Historical Encyclopedia, from Angkor Wat to East Timor. ABC CLIO.
  32. Sejarah Malaysia. Sejarah Malaysia. Еплъахэщ 15 Дыгъэгъазэм и 2007. ТехьэпӀэр архив ящӀри къыхахащ 2 ФокӀадэм и 2002.