Дыгъургъуу
Appearance
| Дыгъургъуу | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Strix aluco Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И пкъым и кӀыхьагъыр см. 45-м носыр. Анэр нэхъ пӀащэщ, хъуми анэми я теплъэр зыщ: фӀыцӀафэ къащӀэуэу гъуэ-гъуабжэщ, нэхэр гъуэжьыфэщ, лъэпхъуамбэхэр фӀыцӀэщ.
Зэрыпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дыгъургъуухэм я гъащӀэр жыгым, мэзым епхащ, бгылъэ, къурш лъапэхэм, жыг хадэхэм уащыхуэзэныщ. И бжыгъэкӀэ курытщ. Щопсэу Еуропэ псом, Ищхъэрэ Африкэм, Хъутейм, Индиэм, Азиэ Курытым. Урысейм и къухьэпӀэ лъэныкъуэ псоум къыщыщӀэдзауэ Сыбырыкум нэс, Къаукъазым мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр щещӀ жыг гъуанэхэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр нэхъыщхьэу дзыгъуэхэкӀ, къуалэбзу, хьэндыркъуакъуэ, гъудэбадзэ пӀащэ, блэ цӀыкӀу лӀэужьыгъуэхэрщ. ЩэкӀуэн яублэ пшапэр зэрызэхэуэу.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.