Бзупагуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бзупагуэ
Бзупагуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бзупэгъум лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бзупагуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бзупагуэ
Латин цӀэр
Pyrrhula pyrrhula Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179180
NCBI 37607
Pyrrhula pyrrhula europoea
Pyrrhula pyrrhula

Бзупагуэ (лат-бз. Pyrrhula pyrrhula) — бзупэгъум лъэпкъ, бзупагуэ лъэпкъыгъуэ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Унэбзум нэхърэ нэхъ пӀащэщ. Щхьэшыгур, кӀэр — фӀыцӀэщ, тхыцӀэр — къащхъуэ-щхъуэщ, кӀащхьэ, кӀэ щӀагъыр — хужьщ, щхьэбгъухэр, ныбэщӀагъыр — плъыфэщ. Анэм и теплъэм нэхъ щхъуэ-гъуэбжафэ къыщӀоуэ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щопсэу Къаукъазым, Урысейм и уэздыгъей псей мэзхэм, Хъутейм, Японым нэгъуэщӀ хэкухэми.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусыр къэкӀыгъэщ: шыкӀуртӀымхэр, гулъхэр, тхьэпэ къыдэжагъащӀэхэр. Шырхэри зэрапӀыр аращ. ЩӀымахуэм жыжьэ мэӀэпхъуэ, апщыгъуэми къалэхэм, къуажэхэм я гъунэгъу жыг хадэхэм, паркхэм щалъагъу.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.