БжэндэхъумацӀэ
БжэндэхъумацӀэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Sturnus roseus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
БжэндэхъумацӀэ (лат-бз. Sturnus roseus) — бжэндэхъу лъэпкъщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мыр къызэрыкӀуэ бжэндэхъум хуэдизщ, и лъэтэкӀэкӀи ещхьщ, ауэ теплъэкӀэ къыщхьэщокӀ. И щхьэр, пщэр, дамэхэр, кӀэр фӀыцӀафэщ, адрейхэр плъыфэщ. Адрей бжэндэхъухэм ялъытауэ и пэр гъум кӀэщӀщ, щхьэгуагуэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэралъыгъуэ хуабэм щопсэу. Гъэмахуэм зэзэмызэкӀэ гупышху къолъатэ. Зэрызхурэ ахэр зыщӀыпӀи щыплъагъунукъым. Илъэс кӀыхьагъым быдэу зэрыӀыгъ гупышхуэщ, псом хуэмыдэу къишыгъуэ зэмагым. Бзу ныбаблэ бжыгъэншэр уафэр щӀахъумэу, цӀыхухэм я щхьэфэцыр ягъэтэджу, гъуэжькуй плъыфэу зэкъуэхуауэ къатоуэ жыг хадэхэм, пытыр пагъэкъабзыкӀри адэкӀэ мэлъатэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И Ӏус нэхъыщхьэр мацӀэ лӀэужьыгъуэхэращ. Зы къуалэбзум мацӀэ 200 нэс махуэм ешх, езым и хьэлъагъым хуэди 2,5 хъууэ. КъинэмыщӀауэ, мыхьэмышх гуэри къыхэмыхуэу къуалэбзу гупым пхъэщхьэмыщх жыг хадэхэм япытыр псынщӀэу къыпагъэкъэбзыкӀыр. ЗэрышхакӀуэм къинэмыкӀауэ икӀи хахуэщ. Езыхэм ялъытауэ куэдкӀэ нэхъ пӀащэ къуалэбзухэм, вындхэм, къуалэхэм, къуанщӀэхэм, я абгъуэхэр яхъунщӀэ, зейхэм къытырах, щогъуалъхьэ.
Иужьырейуэ бжэндэхъумацӀэхэр Къаукъазым къыщылъэтар 2002 гъэм и бадзуэгъуэм, Нэгъуей губгъуэм къытеуахэу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.