Jump to content

Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Псыхэуэбзагуэ теплъэ
хэкӀыгъуэр
Латин цӀэр
Ciconiiformes
Bonaparte, 1854


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174770
NCBI 8920

Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Ciconiiformes) — къуалэбзу хэкӀыгъуэщ, лъэпкъих зэщӀыубыдэу.

Къуалэбзу пӀащэхэщ, лъакъуэ, пщэ, пэ кӀыхьхэу. КӀэбдз щӀагъым, нэ хъуреягъым цы ятеткъым, лӀэужьыгъуэ щхьэхухэм я щхьи пщэи цыншэщ. КӀагуэ хуэхъурейхэщ. Зэрыз дыдэ къанэмыщӀа, анэмрэ хъумрэ зэфэгъущ, е зэщхь дыдэщ, зэгуэгъууи мэпсэухэр (моногамнэхэщ).

Псыхэуэбзагуэ теплъэхэр — зызубгъуа хэкӀыгъуэщ, зи лӀэужьыгъуэхэр, щӀыпӀэ хуабэхэми ищхъэрэми, тундрэм нэсу, щыпсэухэу. И нэхъыбэр лъэтэжкъым (тропикхэм). Щогъуалъхьэ жыг, чыцэ, бгъэн, къамыл Ӏув къыздэкӀ псы Ӏуфэхэм. Абгъуэр жыгыщхьэм лъагэу фӀащӀыхь, нэгъуэщӀ къэкӀыгъэхэми щаухуэ, къырпсыхэуэхэм, уеблэмэ бгы задэхэми кӀэрагъэзагъэ. Шырхэр анэхэми хъухэми къызэдыраш, абы ихь зэманыр елъытащ езыхэм я инагъым — махуэ 17-32.

Ӏус нэхъыщхьэр псы псэущхьэщ, апхуэдыуи — шындырхъуо, елэн, дзыгъуэхэкӀ.

ХэкӀыгъуэм лъэпкъих зэщӀеубыдэ, ахэр:


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.