Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр
Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр | ||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||
Ciconiiformes Bonaparte, 1854 | ||||||||||
|
Псыхэуэбзагуэ теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Ciconiiformes) — къуалэбзу хэкӀыгъуэщ, лъэпкъих зэщӀыубыдэу.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуалэбзу пӀащэхэщ, лъакъуэ, пщэ, пэ кӀыхьхэу. КӀэбдз щӀагъым, нэ хъуреягъым цы ятеткъым, лӀэужьыгъуэ щхьэхухэм я щхьи пщэи цыншэщ. КӀагуэ хуэхъурейхэщ. Зэрыз дыдэ къанэмыщӀа, анэмрэ хъумрэ зэфэгъущ, е зэщхь дыдэщ, зэгуэгъууи мэпсэухэр (моногамнэхэщ).
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Псыхэуэбзагуэ теплъэхэр — зызубгъуа хэкӀыгъуэщ, зи лӀэужьыгъуэхэр, щӀыпӀэ хуабэхэми ищхъэрэми, тундрэм нэсу, щыпсэухэу. И нэхъыбэр лъэтэжкъым (тропикхэм). Щогъуалъхьэ жыг, чыцэ, бгъэн, къамыл Ӏув къыздэкӀ псы Ӏуфэхэм. Абгъуэр жыгыщхьэм лъагэу фӀащӀыхь, нэгъуэщӀ къэкӀыгъэхэми щаухуэ, къырпсыхэуэхэм, уеблэмэ бгы задэхэми кӀэрагъэзагъэ. Шырхэр анэхэми хъухэми къызэдыраш, абы ихь зэманыр елъытащ езыхэм я инагъым — махуэ 17-32.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏус нэхъыщхьэр псы псэущхьэщ, апхуэдыуи — шындырхъуо, елэн, дзыгъуэхэкӀ.
ЗэхэгъэкӀыгъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ХэкӀыгъуэм лъэпкъих зэщӀеубыдэ, ахэр:
- Псыхэуэ лъэпкъыр (Ardeidae)
- Cochleariidae
- Scopidae
- Псыхэуэбзагуэ лъэпкъыр (Ciconiidae)
- Balaenicipitidae
- Мысырбзу лъэпкъыр (Threskiornithidae)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.