Нуну
Appearance
Нуну | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Aegolius funereus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Нуну (лат-бз. Aegolius funereus) — кӀукӀумяу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Щхьэм, дамэхэм ӀэпапӀэ хужь хъурейхэр хэсщ, кӀэ къабзийхэмрэ къабзий пхъашэхэмрэ кусэ хужьхэр тӀурытӀурэкъарох. Ныбэ щӀагъыр хужь-фӀеифэщ. Лъакъуэхэм цы ятетщ лъэбжьанэм нэсу.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Урысейм, Къаукъазымрэ абы и щӀыбымрэ къанэмыщӀауэ, хамэ къэрал куэдым я бгылъэ, кхъуакӀэ мэзхэм щопсэу. Абгъуэр — жыг гъуанэхэм. ДэнэкӀи щыӀэхэр лъэтэжкъым, ауэ мэӀэпхъуэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр адрей кӀукӀумяу лӀэужьыгъуэхэм яйм ещхьщ.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы лӀэужьыгъуэм лӀэужьыгъуэ къуэдзибл зэщӀеубыд, ахэр:
- Aegolius funereus beickianus
- Aegolius funereus caucasicus
- Aegolius funereus funereus
- Aegolius funereus magnus
- Aegolius funereus pallens
- Aegolius funereus richardsoni
- Aegolius funereus sibiricus
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.