Jump to content

Нордкап

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Нордкап

Нордкап (нор.-бз. Nordkapplatået, ин-бз. North Cape) — Норуегэм и ишхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ Нордкап коммунэм хиубыдэ Магеройа тӀыгум и къуапэ. Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэуэ ябж.

Еуропэм къуапэр и ишхъэрэ дыдэ пӀэуэ ябжыми, абы пэгъунэгъуу иӀэ Кнившелодден къуапэр ишхъэрэкӀэ хым 1500 метрэкӀэ нэхъ жыжэ хохьэр. КъуапитӀыри зы тӀыгум хэтщ, континентал Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэ — къуапэ Нордкиным пэмыжыжэу. Нэхъ и гъунэгъу дыдэ къалэр — Хоннингсваг къалэращ.

Къуапэр езыр джабэшхуэм и Ӏыхьэу щытуращ. Джабэр Ӏыхьыщу зэгуэудауэ щытщ. Абы и ищхьэ Ӏыхьэращ къуапэу хым хыхьэр. Къуапэм и щхьэр захуэу щытщ, щӀыр мывэкӀэсхъыу щытщ, аткӀэ мыткӀэхэм псынэ цӀыкӀу ина куэд иӀэхэу.

Къуапэм укъекӀуэкӀа иуж арктикэ псым ухэхьакӀэу ябж.

Нордкап цӀэр къуапэм фӀэзыщар инджылыз лъыхъуакӀуэ Ричард Ченслерщ, 1553 гъэм щыгъуэ ар ишхъэрэ псыхэр къиплъыхьу куапэм щыблэсыкӀам щыгъуэ. Абы иуж лъыхъуакӀуэ куэд, джабэм дэпщейхэура захуапӀэм дэкӀуейхэт. Абыхэм нэмыщӀ Норуегэм и пэщтыхьх куэдхэри къуапэм дэкӀуеяхэщ. Иджырей зэманым къуапэр — турист зэхуэшэс пӀэщ, абы къыхэкӀыуи къуапэм къэплъыхьакӀуэ утыку тращӀыхьауэ тетщ.

  • Borealis livecam Nordkapp 360 (индж.) КъэплъыхьакӀуэмкӀэ къуапэм и хъуреягъ и панаромэр къэпплъыхьыфынущ. ПлъыхьакӀуэр дакъикъэ 15 къэс щӀэуэ тэрах.


Кординатхэр: 71°10′21″ с. ш. 25°47′40″ в. д. / 71.1725° с. ш. 25.794444° в. д. (G)