Нордкап
Нордкап (нор.-бз. Nordkapplatået, ин-бз. North Cape) — Норуегэм и ишхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Нордкап коммунэм хиубыдэ Магеройа тIыгум и къуапэ. Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пIэуэ ябж.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Еуропэм къуапэр и ишхъэрэ дыдэ пIэуэ ябжыми, абы пэгъунэгъуу иIэ Кнившелодден къуапэр ишхъэрэкIэ хым 1500 метрэкIэ нэхъ жыжэ хохьэр. КъуапитIыри зы тIыгум хэтщ, континентал Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пIэ — къуапэ Нордкиным пэмыжыжэу. Нэхъ и гъунэгъу дыдэ къалэр — Хоннингсваг къалэращ.
Къуапэр езыр джабэшхуэм и Iыхьэу щытуращ. Джабэр Iыхьыщу зэгуэудауэ щытщ. Абы и ищхьэ Iыхьэращ къуапэу хым хыхьэр. Къуапэм и щхьэр захуэу щытщ, щIыр мывэкIэсхъыу щытщ, аткIэ мыткIэхэм псынэ цIыкIу ина куэд иIэхэу.
Къуапэм укъекIуэкIа иуж арктикэ псым ухэхьакIэу ябж.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Нордкап цIэр къуапэм фIэзыщар инджылыз лъыхъуакIуэ Ричард Ченслерщ, 1553 гъэм щыгъуэ ар ишхъэрэ псыхэр къиплъыхьу куапэм щыблэсыкIам щыгъуэ. Абы иуж лъыхъуакIуэ куэд, джабэм дэпщейхэура захуапIэм дэкIуейхэт. Абыхэм нэмыщI Норуегэм и пэщтыхьх куэдхэри къуапэм дэкIуеяхэщ. Иджырей зэманым къуапэр — турист зэхуэшэс пIэщ, абы къыхэкIыуи къуапэм къэплъыхьакIуэ утыку тращIыхьауэ тетщ.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Borealis livecam Nordkapp 360 (индж.) КъэплъыхьакIуэмкIэ къуапэм и хъуреягъ и панаромэр къэпплъыхьыфынущ. ПлъыхьакIуэр дакъикъэ 15 къэс щIэуэ тэрах.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Норуегиэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |