Дзэлыкъуэбгъэ
Дзэлыкъуэбгъэ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Gyps Savigny, 1809 | ||||||||||||||
|
Дзэлыкъуэбгъэ (лат-бз.: Aegypiinae, ур-бз.: Грифы) — псэушъхьа, шакӀуэ-бзу, бгъэхэм ящыщ
Аплъэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЯкӀыхьагъыр см. 95 - 114, яшъхьамрэ пшъэмрэ цыкӀэкӀ нэхъ теткъым псэхэлӀэл, кӀуэцӀ-фэцӀхэр щашхым къатемынэн шъхьакӀэ. Дамэхэр бгъуэшху щытхэ, куэдрэ жьым ерсыну тегъэпсыхьауэ псэхэлӀэл лъыху (нэхъыбэ дзэлыкъуэбгъэ яшхын), Я лъакъуэхэр адрей бгъыхэм хуэду яубыдыфу яхьыфкъым шхыныр, зекӀуэнымрэ, къэжыхьынымрэ зтегъэпсыхьа къуэдер.
Здэпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дунейм ишӀыпӀу хъуам щопсоухэ Аустралиэм щымыхъукӀэ. Ипшъэ Еуропэм, Африкэм, Ишъхъэрэ Азиэм, Ипшъэ Америкэм, Ишъхъэрэ Америкэм.
Къушъхьа лъэныкъуэшэмкӀэ нэхъ заӀыгъхэр ауэ губгъуэхэмкӀы щыпсоун мэхъур ( шхын ирикъуу ягъуэтмэ ). Урысейм мы куэчу гъэпсом здэпсор Къаукъазым. Ӏуашъхьахэм м. 3 000 бгъуэхэр щешъыр, Алтайм м. 2 000 фӀэкӀыу.
Зэрзэпыхьахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Илъэс щырикъухэм дзэлыкъуэбгъэхэр зэфӀэувауэ щытхэ, мазае – гъатхэпэхэм идежь я бгъуэхэм йокӀуэлъэжьхэ, кӀэ ямышъу, зэрамхъуэкӀыу.
Бгъуэхэм я бгъуагъыр см. 130 - 140, я лъэгагъыр см. 60 - 200. Бгъуэ кӀуэцӀым гуафэ, пхъафэ, удз, цы такъырхэр ираубгъуэ.
ДжэдыкӀэ щыгъэтӀылъыр гъатхэпэм, зы мы нэхъыбу. ДжэдыкӀэм ифэр хужь-фӀеифу щыт, плыжьу-гъуабджэу хэпхъауэ.
ДжэдыкӀэхэм хъури бзыри зэрахъуэкӀху тес махуэ 55. Къыщыричхэр накъыгъэм ияпэрей махуэхэм. Чырхэр хомурэ хохъуэхэ, мазэ щырикъу къуэдем икӀыфэцхэр къытокӀэн кӀадзэ, дамэцхэр см. 2-3 носыр, мэзитӀ щырикъухэм бадзэуэгъуэм ияпэрей махуэхэм цыр икӀыфэм фӀыуэ тет, ауэ икӀапэмрэ идамэмрэ кӀэкӀыу щытхэ. Бгъуэ исын-пӀыныр 3 - 3, 5 мазэкӀэ йокӀуэкӀыр.
Лъэпкъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Torgos - Африкэ дзэлыкъуэбгъэ
- Trigonoceps - Дзэлыкъуэбгъэ шъхьаху
- Pseudogyps - Дзэлыкъуэбгъэ джэбэху
- Necrosyrtes - Дзэлыкъуэбгъэ гъуабджэ
- Gyps - Дзэлыкъуэбгъэ
- Sarcogyps - Индиэ дзэлыкъуэбгъэ
- Gypohierax - Бджэныбжъэ дзэлыкъуэбгъэ
- Neophron -
- Aegypius - Дзэлыкъуэбгъэ къуафцӀэ
- Gypaetus - Дзэлыкъуэбгъэ жэкӀацэ