Jump to content

Дзэлыкъуэбгъэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Дзэлыкъуэбгъэ
Дзэлыкъуэбгъэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: Бзухэ
ХэкӀыгъуэ: Falconiformes
Лъэпкъ: Къуаргъэхэ
Лъэпкъ къуэдзэ: Дзэлыкъуэбгъэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Дзэлыкъуэбгъэхэ
Латин цӀэр
Gyps Savigny, 1809


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Дзэлыкъуэбгъэ (лат-бз.: Aegypiinae, ур-бз.: Грифы) — псэушъхьа, шакӀуэ-бзу, бгъэхэм ящыщ

ЯкӀыхьагъыр см. 95 - 114, яшъхьамрэ пшъэмрэ цыкӀэкӀ нэхъ теткъым псэхэлӀэл, кӀуэцӀ-фэцӀхэр щашхым къатемынэн шъхьакӀэ. Дамэхэр бгъуэшху щытхэ, куэдрэ жьым ерсыну тегъэпсыхьауэ псэхэлӀэл лъыху (нэхъыбэ дзэлыкъуэбгъэ яшхын), Я лъакъуэхэр адрей бгъыхэм хуэду яубыдыфу яхьыфкъым шхыныр, зекӀуэнымрэ, къэжыхьынымрэ зтегъэпсыхьа къуэдер.

Дунейм ишӀыпӀу хъуам щопсоухэ Аустралиэм щымыхъукӀэ. Ипшъэ Еуропэм, Африкэм, Ишъхъэрэ Азиэм, Ипшъэ Америкэм, Ишъхъэрэ Америкэм.

Къушъхьа лъэныкъуэшэмкӀэ нэхъ заӀыгъхэр ауэ губгъуэхэмкӀы щыпсоун мэхъур ( шхын ирикъуу ягъуэтмэ ). Урысейм мы куэчу гъэпсом здэпсор Къаукъазым. Ӏуашъхьахэм м. 3 000 бгъуэхэр щешъыр, Алтайм м. 2 000 фӀэкӀыу.

Илъэс щырикъухэм дзэлыкъуэбгъэхэр зэфӀэувауэ щытхэ, мазае – гъатхэпэхэм идежь я бгъуэхэм йокӀуэлъэжьхэ, кӀэ ямышъу, зэрамхъуэкӀыу.

Бгъуэхэм я бгъуагъыр см. 130 - 140, я лъэгагъыр см. 60 - 200. Бгъуэ кӀуэцӀым гуафэ, пхъафэ, удз, цы такъырхэр ираубгъуэ.

ДжэдыкӀэ щыгъэтӀылъыр гъатхэпэм, зы мы нэхъыбу. ДжэдыкӀэм ифэр хужь-фӀеифу щыт, плыжьу-гъуабджэу хэпхъауэ.

ДжэдыкӀэхэм хъури бзыри зэрахъуэкӀху тес махуэ 55. Къыщыричхэр накъыгъэм ияпэрей махуэхэм. Чырхэр хомурэ хохъуэхэ, мазэ щырикъу къуэдем икӀыфэцхэр къытокӀэн кӀадзэ, дамэцхэр см. 2-3 носыр, мэзитӀ щырикъухэм бадзэуэгъуэм ияпэрей махуэхэм цыр икӀыфэм фӀыуэ тет, ауэ икӀапэмрэ идамэмрэ кӀэкӀыу щытхэ. Бгъуэ исын-пӀыныр 3 - 3, 5 мазэкӀэ йокӀуэкӀыр.

  • Torgos - Африкэ дзэлыкъуэбгъэ
  • Trigonoceps - Дзэлыкъуэбгъэ шъхьаху
  • Pseudogyps - Дзэлыкъуэбгъэ джэбэху
  • Necrosyrtes - Дзэлыкъуэбгъэ гъуабджэ
  • Gyps - Дзэлыкъуэбгъэ
  • Sarcogyps - Индиэ дзэлыкъуэбгъэ
  • Gypohierax - Бджэныбжъэ дзэлыкъуэбгъэ
  • Neophron -
  • Aegypius - Дзэлыкъуэбгъэ къуафцӀэ
  • Gypaetus - Дзэлыкъуэбгъэ жэкӀацэ