Хывбзу
Appearance
| Хывбзу | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
|
Buphagus africanus Linnaeus, 1766 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Хывбзу (лат-бз. Buphagus africanus) — бжэндэхъу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Бжэндэхъу къызэрыкӀуэм хуэдизщ. Теплъэ нэхъыщхьэр гъуэбжафэщ, кӀэпкъымрэ кӀащхьэмрэ нэхъ тэхуфэкъащӀоуэ. Жьэгъур, пщэр, бгъащхьэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Пэ кӀэщӀ занщӀэщ, гъуэжьщ, пэнцӀыв дыдэр плъыжь лыду.
Здэпсэур
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хывбзур Африкэм къинэмыщӀауэ зыщӀыпӀи щыӀэкъым, мылъэтэжу мэпсэу, гъэм сыт хуэдэ зэмани гуп цӀыкӀухэурэ унагъуэ Ӏэщышхуи, Ӏэлхэми (хьэрэхэм, пылхэм, уэгъупӀэбжэнхэм) ягъусэщ. Жэщыр къамыл е жыг гъуанэхэм щагъакӀуэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр псэущхьэ зи гугъ тщӀахэм я тхыцӀэм къыщелъыхъу — хьэпщхупщхэр, хьэпӀацӀэхэр; къинэмыщӀауэ — цӀыв, хьэндырабгъуэ, пхъащхьэмыщхьэ.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.