Сэфар
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Сэфар (хьэр-бз. صفر) — муслъым махуэгъэпсым и етIуанэ мазэ.
Сэфар цIэр къыздикIамкIэ теоритI щыIэщ. Япэ теориэмкIэ, ар ṣufār («гъуэжь») псалъэм къытекIауэ ягугъэ. Апхуэдэу ар щалъытэр, мазэхэм цIэщIэхэр щратым щыгъуэ, а мазэр тхьэмпэхэр гъуэжь щыхъу бжьыхьэ зэманым техуауэ щтауэ ябж.
ЕтIуанэ теориэмкIэ, ар sifr («нул, нэщI») псалъэм къытекIауэ ягугъэ. Апхуэдэу ар щалъытэр, мухьэррам мазэ зауэншэм иуж, зауэхэр щыщIидзэж щIыпIэхэм унэ щыIэхэм цIыху щIэсхэр зэуэ щIэIэпхъукIыжу щытти, апхуэдэу унэхэр нэщI зэрыхъужхэм щхьа апхуэдэу мазэми фIащауэ ябж.
Ижь лъандэрэ муслъым куэдым сэфар мазэр, мазэ Iейуэ ябж. Нэхъыщхьэу япэ махуэ 13-м, къомыхъулIэу, гъэгу утеувэ мыхъуну, нэчыхь птхы мыхъуну ябжт. Ауэ Мухьмэд Бехъымбар (с.а.у.) лъапIэм зэрыжиIамкIэ, махуэ гуэр ерэ махуэ бжыгъэ зэман гуэр хэхауэ Iейуэ щыту зэрыщымыIэр. Ауэ иджыри къыздэс хьэрып цIыху куэдым къахуинауэ, мазэм и пэщIэдзапIэ махуэхэр Iейуэ ябж.
Махуэгъэпс[гъэтэрэзын | edit source]
Ислъам махуэгъэпс | Япэ махуэр | Иуж махуэр |
---|---|---|
1431 | ЩIыщылэм и 16, 2010 гъэ | Мэзаем и 14, 2010 гъэ |
1432 | ЩIыщылэм и 5, 2011 гъэ | Мэзаем и 3, 2011 гъэ |
1433 | Дыгъэгъазэм и 26, 2011 гъэ | ЩIыщылэм и 23, 2012 гъэ |
1434 | Дыгъэгъазэм и 14, 2012 гъэ | ЩIыщылэм и 12, 2013 гъэ |
1435 | Дыгъэгъазэм и 4, 2013 гъэ | ЩIыщылэм и 1, 2014 гъэ |
1436 | ЩакIуэгъуэм и 23, 2014 гъэ | Дыгъэгъазэм и 22, 2014 гъэ |
1437 | ЩакIуэгъуэм и 13, 2015 гъэ | Дыгъэгъазэм и 11, 2015 гъэ |
Сэфар мазэр 2010-2015 гъэхэм |