Jump to content

Рабий Ӏул-аууал

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ислъам махуэгъэпс

  1. Мухьэррам*
  2. Сэфар
  3. Рабий Ӏул-аууал
  4. Рабий Ӏус-сани
  5. Джумадэ Ӏул-Ӏула
  6. Джумадэ Ӏус-сани
  7. Рэджаб*
  8. ШэӀэбан
  9. Рэмэдан
  10. Шэууал
  11. Зул-къэда*
  12. Зул-хьэжрэт*



 * пэубыда мазэ

Рабий Ӏул-аууал (хьэр-бз. ربيع الأوّل) — муслъым махуэгъэпсыи и ещанэ мазэ.

Рабий Ӏул-аууал мазэм, муслъымхэм ягъафӀэр Мухьэмэд Бехъымбар (с.а.у.) къыщалъхуа махуэр. Муслъым-суннитхэм ялъытэр бехъымбарыр къыщалъхуар, мазэм и махуэ 12-рауэ. Муслъым-шиитхэм зэралъытэмкӀэ ар махуэ 17-ращ зэхуэкӀуэр. А бы къыхэкӀыу суннитхэмрэ шиитхэмрэ Мулид махуэ лъапӀэр, махуэ зэрызщ щащӀыр.

ЦӀэ Rabī' al-awwal хьэрыпыбзэкӀэ зэбдзэкӀым «япэ мазэ» жиӀэуращ. Ар апхуэдэу щыщытыр япэрей хьэрып махуэгъэпсымкӀэ, Рабий Ӏул-аууал мазэр япэ иту щтащ. Иныкъуэ хьэрыпхэр иджыри къыздэс мазэр, мазэфӀ нэхъыфӀхэм ящыщу ябж.

Мулид махуэр Индиэм

Муслъым суннитхэм Мухьэмэд Бехъымбар (с.а.у.) къыщалъхуа махуэу ягъафӀэр Рабий Ӏул-аууал мазэм и махуэ 12-нэр. Муслъым шиитхэм мулид махуэр щащӀыр мазэм и махуэ 17-нэращ. Иныкъуэхэм бехъымбарыр къыщалъхуа махуэр пэж дыдэу зэрамыщӀэм щхьа, мазэм и япэ махуэм щыщӀэдзауэ мазэм и махуэ кӀэухым нэс, махуэу хъаур ягъафӀэу ирах.

Муслъмхэм мулид махуэм гъунэгъухэм шхыныгъуэ, ӀэфӀыкӀэ сытхэр хуахьхэр. Благъэхэм зэрыцӀыхухэм саугъэтхэр зэратхэр. ТхьэмыщкӀэхэм шхын хэкӀхэр ират. Иныкъуэхэм нып удзыфэ яӀыгъхэу уэрам гъуэгухэм ирокӀуэр, махуэр ягъэлъапӀэу.

Ауэ муслъым псоми а махуэр ягъэлъапӀэу щыткъым. Иныкъуэхэм зэралъытэмкӀэ а махуэр бгъэфӀэн хуейуэ щыткъым, Къурӏаными хьэдисхэми апхуэдэу тхауэ зэримытым щхьа.

  • Суннитхэм Мулид махуэр ягъафӀэр
  • Шиитхэм Мулид махуэр ягъафӀэр
Ислъам махуэгъэпс Япэ махуэр Иуж махуэр
1431 Мэзаем и 15, 2010 гъэ Гъэтхапэм и 16, 2010 гъэ
1432 Мэзаем и 4, 2011 гъэ Гъэтхапэм и 5, 2011 гъэ
1433 ЩӀыщылэм и 24, 2012 гъэ Мэзаем и 22, 2012 гъэ
1434 ЩӀыщылэм и 13, 2013 гъэ Мэзаем и 10, 2013 гъэ
1435 ЩӀыщылэм и 2, 2014 гъэ Мэзаем и 1, 2014 гъэ
1436 Дыгъэгъазэм и 23, 2014 гъэ ЩӀыщылэм и 20, 2015 гъэ
1437 Дыгъэгъазэм и 12, 2015 гъэ ЩӀыщылэм и 10, 2016 гъэ
Рабий Ӏул-аууал 2010-2015 гъэхэм