Пэубыда мазэхэр
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Пэубыда мазэхэр (хьэр-бз. شهر حرام) — ислъам махуэгъэпсым и мазэхэ, япэм щыгъуэ зауэ егъэкIуэкIын, укIыныгъэ пщIэн, КаIабэм и хъуреягъ ущыщакIуэн цIыхухэм щыпаубыду щыта. Апхуэдэ мазэхэр плIы хъухэт — Зул-къэда, Зул-хьэжрэт, Мухьэррам, Рэджаб. Иджырей зэмаными а мазэхэр муслъымхэм мазэ лъапIэхэу ябжхэ иджыри.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
А мазэхэм апхуэдэ пэубыдахэр яIэу щыщытар КаIабэм къакIуэ цIыхухэр хъумауэ щытынхэ щхьат. Зауэр къэхъеякIэу е къэхъеинкIэу щытым хьэрыпхэм мазэ пэубыдар япэ ирагъэшт ерэ ирагъэкIуэтт. Ислъамым и япэ илъэсхэм, муслъымхэр апхуэдэу а пэубыда мазэм кIэщIэту псэухэу щытащ. Ауэ Ал-Бакъэра сурэм зэритымкIэ, пэубыда мазэхэм Iэмалыншэм узауэ хъуну итщ.
Факъиххэм ялъытэр, пэубыда мазэхэм япэу зауэр щIэдзэн, ауэ нэхъапэу зауэм щIидзам ар пыпшэ е буух хъуну ябж.