Мухьэррам
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Мухьэррам (хьэр-бз. محرّم) — муслъымэн махуэгъэпсым и япэ мазэ. Пэубыда мазиплIым ящыщ зы мазэ.
Мазэм и лъапIагъыр ялъытауэ щтащ бехъымбар Ибрахьим, щыпсэуа зэманхэм щыгъуэ, абы иужь Мэчэ дэс хьэрыпхэми а мазэм и лъэпӀагъыр пэжыу ябжыу щытащ Муслъымэн диныр къемыжьэ щIыкIэ. Мы пэубыдэ мазэм, хьэрып джэурхэр куэдрэ зэзауэхэми, мазэр къихьа иужь я зауэIуэхухэр къагъэнэнхэу хуейт.
Мухьэррам мазэм муслъымхэм ягъэзащIахэм ящыщщ:
- Мухьэррам нэщI.
- АшрыI.
- Шитхэм я хьэдагъэ махуэ, цIыху лъапIэу ялъытэ Хъусейн ибн Алий зэраукIам теухуауэ.
ЗэрыжаIыжымкIэ Мухьэмэд Бехъымбарым (с.а.у.) жиIауэ щтащ — НэщI мазэм иуж, нэхъ берычэту ущынэщI хъуну мазэу щытыр, Аллыхьым и мазэшхуэ мухьэррамырауэ.
Мазэм къэхъуахэр[гъэтэрэзын | edit source]
Япэ махуэ[гъэтэрэзын | edit source]
- ХьэжрэтымкIэ ИлъэсыщIэ.
ЕпщIанэ махуэ (АшрыI)[гъэтэрэзын | edit source]
Ислъам диным зэрабжымкIэ мухьэррам мазэм и епщIанэ махуэм къалъхуахэу щтащ бехъымбар лъапIэхэу Iэдэмрэ Ибрахьимрэ. Мухьэррам мазэм и епщIанэ махуэращ дунейр къутэжыну щабжыри.
- Нухь и кхъухьыр, Джуди бгым деж Шухьауэ щтащ.
- Бехъымбар Ибрахьим мафIэм хадзар къелауэ щтащ.
- Бехъымбар Якъуб илъэс куэд дэкIа иуж и къуэ Йусуф хуэзэжауэ щтащ.
- Аллыхьым къригъэлауэ щтащ бехъымбар Мусарэ Исраелым и бынхэмрэ, мысыр фараоным и дзэр къащыкIэлъыжэм.
- Мухьэмэд Бехъымбар и къуэрылъху Хъусейн ибн Алий яукIауэ щтащ.
16-нэ махуэ[гъэтэрэзын | edit source]
17-нэ махуэ[гъэтэрэзын | edit source]
- Эфиоп чылыстэнхэм я дзэшхуэ, Меккэ бгъуэдэхьахэу щтащ.
Махуэгъэпс[гъэтэрэзын | edit source]
Ислъам махуэгъэпс | Япэ махуэр | Иуж махуэр |
---|---|---|
1431 | Дыгъэгъазэм и 18, 2009 гъэ | ЩIыщылэм и 15, 2010 гъэ |
1432 | Дыгъэгагъазэм и 7, 2010 гъэ | ЩIыщылэм и 4, 2011 гъэ |
1433 | ЩакIуэгъуэм и 26, 2011 гъэ | Дыгъэгъазэм и 25, 2011 гъэ |
1434 | ЩакIуэгъуэм и 15, 2012 гъэ | Дыгъэгъазэм и 13, 2012 гъэ |
1435 | ЩакIуэгъуэм и 4, 2013 гъэ | Дыгъэгъазэм и 3, 2013 гъэ |
1436 | Жэпуэгъуэм и 25, 2014 гъэ | ЩакIуэгъуэм и 22, 2014 гъэ |
1437 | Жэпуэгъуэм и 14, 2015 гъэ | ЩакIуэгъуэм и 12, 2015 гъэ |
Мухьэррам мазэр 2010-2015 гъэхэм |