Пцыкъуэ

Пцыкъуэ — уэс куум щызекӀуэным теухуа Ӏэмэпсымэщ, нэхъ пасэрей дыдэхэм ящыщщ дунейм тетхэм.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Лъэпкъ бжыгъэм дунейпсом яӀэщ пцыкъуэхэр, я теплъэхэр хуабжьу зэщхьэщокӀыр. Къаукъаз лъэпкъым яхэр: сонэхэм, абазэхэм, хъырцэхэм, адыгэхэм яхэр нэхъ зэщхьщ. Пхъэ псыгъу упсар, гъэшауэ тхъыхь хуэдэу, и кум фэм къыхэхауэ уагъэ бгъуитӀ игъэкӀауэ (лъакъуэм зырагъэубыдыр). Адыгэ пцыкъуэхэр я теплъэкӀэ куэду псынкӀыу щытхэщ зэрыщӀамкӀи, къызэрагъэщхьэпэмкӀи.
Иджырей лӀэщӀыгъуэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
НобэкӀэ пцыкъуэхэр куэду цӀэрыӀуэ Ӏэмэпсымэщ, хуабжьу къагъэщхьэпэ къущхьэ зыгъэпсэхупӀэхэм ядеж. Я теплъэкӀэ пасэрейхэм куэду ящхьэщокӀыр, фӀыуэ зэкӀужауэ щытхэщ пластик, бдзэху, щэкӀ быдэ дыдэхэр хэлъу ящӀыр.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
![]() |
Теплъэхэр Уикисурэтылъэм? |
---|