ПсыпцӀэбабыщ
Appearance
| ПсыпцӀэбабыщ | ||||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
| Anas crecca | ||||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||||
|

ПсыпцӀэбабыщ (лат-бз. Anas crecca) — псыбабыщ лъэпкъыгъуэм щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мыр бабыщ лӀэужьыгъуэхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ. Адрейхэм къахыбогъэщхьэхукӀыф и дамэхэм удзыфабзэу Ӏэгуфэ ныкъуэ хуэдиз зэрыхэлъымкӀэ. Хъухэм я щхьэр щхъуэ-гъуафэщ, джабэхэмкӀэ фӀыцӀэ-удзыфэ кусэ лыдхэр ирокӀуэкӀ. Хулъащхьэм гъуэжьыфэ-фагъуэ къащӀоуэ. И пэр фӀыцӀэщ, лъэдийхэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэрал куэдым щопсэуэ. Псы гущӀыӀум задэу къызэрытелъэтыкӀыфым лъегъэкӀ, чыцэ, къамылылъэхэм щыӀэ псы гъуджэ цӀыкӀухэм Ӏус щылъыхъуэну. Губгъуэбабыщым хуэдэу, мыри щӀымахуэм мыщт псы Ӏуфэхэм щыплъагъунущ ди хэгъуэгум.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.