Мустафа Кемал Ататурк

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Мыстафэ Къэмал Ататырк къызыхэкӀар)
Мустафа Кемал Ататюрк
Mustafa Kemal Atatürk
Мустафа Кемал Ататюрк
Нып
Тыркум и япэрей президент
1923 джэпуэгъуэм и 29 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10
Япэ итар: япэрей президент;
Уэсмэн империэ, сулътӀан Мэхьмэд VI
Яуж ихьэр: Исмет Инёню
 
Адэр: Али Рыза-эфенди
Анэр: Зубейдэ хъанум
Быныр: ипыну къыштауэ нэрыбгий
 
ӀэпэкӀэдзыр: ӀэпэкӀэдзыр

Мустафа Кемал Ататурк (тыр-бз. Mustafa Kemal Atatürk, 1881 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10) - тырку цӀэрыӀуэ политик, Тыркум и япэрей президент.

Гъашъэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мустафар 1881 гъэм къэхъуа къалэ Салониким (иджырей Алыджым, а зэманым Уэсмэн империэм хэтам). Саби джану щытт, шэн бзаджэ иӀу, и ныбджэгъухэм ядэкӀыгъуным нэхърэ изакъу зэманыр игъэкӀуэн ифӀэфӀт. И анэр хуэбжу мыслымэн диным пылъти къурӀэным иригъэджэну и къуэр пылът, ядэрамэ зэманыгъуэм теухуа шъэныгъэхэм еджэну икъэр пылът. Зым къыхуэмыкӀу янэ-ядэр Мустафа япэреуэ мыслымэн еджэщым кӀохьэ, здэпсоуа хьэблэм щыӀам яужым и адэм езым зыпылъ еджэщым егъакӀуэр Шемси-эфендим, абдежьым и япэрей егъэджэныр Мустафам къеухыр.

1905 гъэм Мустафа дзэм къулыкъу ехьын кӀедзэ, а зэманыгъуэм идежь шъэху-гуп зэхегъэхьэ дзэм хэт коррупциэм пэщытыну. 1913 гъэм дзэм и атташе мэхъур Софиам. Япэрей дунейпсо зауэм щыгъуэ бэлыхьу тыркудзэм и дзэзэчу тета Чанаккалем идежь зауэ екӀуэкӀам. 1915 гъэм инджылыз-фрэнджыдзэхэр Арыбуруным дежь къигъэувыӀа яуж Мустафар полковник ӀэнатӀэгъуэ ирата. Яужым текӀуэныгъэ бжыгъэ къихьа а зауэм.

Зауэр иуха яуж 1918 гъэм Мустафа Истанбыл игъэзэжьа, абдежьым хъумэным и министериэм лэжьэн кӀидза. Уэсмэн империэм апкӀэнтӀэху и дзэр зэхигъэкӀыу и Ӏэшэр итын хуэй хъуа зауэ нэужым. Мустафам инспекциэ иригъэкӀуэкӀыу 1919 накъыгъэм и 19 Самсун дохьэр. 1919 мэкъуауэгъуэм и 22 тхылъ къеӀохур: «Джылэм и хуитыныгъэр зыхъумэфынур езы джылэра, абым хуеуэ, пылъу щытмэ», абым пэмыкӀыу депутат зэхечэсыр "Сивас хасэм". 1919 дыгъэгъазэм и 27 Мустафа Кемалыр Анкарам и джылэхэм хуэбжу къырагъэблагъэ, (Истанбыл инджылызхэм я оккупациэм хэта яуж, парламентыр зэбгырахуат 1920 гъатхэпэм и 16) езым и парламент абдежьым зэхегъэхьэ - Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэ. Езы Мустафар парламентым и тхьэмаду хахыр, ӀэнатӀэгъуэхасэми и нэхъышъхьу.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]