Jump to content

Лъэпкъ Зэгуэтхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Лъэпкъ Зэгуэтхэр
Организация Объединённых Наций
United Nations
Nations Unies
Naciones Unidas
联合国

الأمم المتحد

Нып
Дэмыгъэ
Лъэпкъыгъуэм и типыр Дунейпсо лъэпкъыгъуэ
ЗэхуэсыпӀэр Ниу Йорк, АШЗ
Хэтхэр Къэрал 192
Нэхъышъхьэ тхьэмадэ Антониу Гуттериш
Нэхъ. Асс. и тхьэмадэ Абдулла Шахид
Лэжьыгъэбзэр Инджылыбзэ, хьэрыпыбзэ, эспаныбзэ, хъутеибзэ, урысыбзэ, фрэнджыбзэ
Щыхалъхьар 1945 жэпуэгъуэм и 24

Официал сайтыр

Лъэпкъ Зэгуэтхэр (ЛъЗ) е Дунае Лъэпкъ Организацие — дунейпсо лъэпкъхэм я организациэ, дунейр хъумэным шъхьакӀэ теухуауэ, къэралхэр нэхъ зэрӀыгъыным, зэгуэтыным пылъу.

И лэжьыгъэмрэ зыпылъымрэ зэфӀэзгъувахэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр ( ЕДЗ ) щекӀуэкӀым, антихьитлер коалициэм шъхьэщытахэм. ЦӀэ «Лъэпкъ Зэгуэтхэр» япэреуэ щытраӀуар Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Декларациэм 1 щӀышылэм 1942 гъэм Ӏапэ здыкӀадзам

ЛъЗ-м и Хабзэр къэщыдэкӀауэ арэзыуэ щалъытар Сан-Франциско зэхуэсым, мэлыжьыхьым къыщыкӀэдзауэ мэкъуауэгъуэм нэгъуэнэ щекӀуэкӀам 1945 гъэм, а гъэми Ӏапэ щыкӀадза 26 мэкъуауэгъуэм, къэрал 51 я щыщ нэхъышъхьа-къыхагъэкӀахэм. Махуэ Хабзэм лэжьэн щыкӀидзар ( 24 дэпуэгъуэ ) Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Маху къалъытэ.

ЛъЗ-м и Нэхъышъхьэ Ассамблеэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зэчэнджэшыным, унафэ къыдэгъэкӀыным и нэхъышъхьу щыт. Нэхъышъхьэ Ассамблеэм дунейпсом и лъэпкъхэм сакъыгъу пылъыныгъэ яӀану, зэгурыӀуэныгъэкӀэ зэхэтыным пылъхэ; Хъумэным и Хасэм зэрахъуэкӀыу хэтхэр хехыр, Социал-Экономикэ Хасэм хэтхэр. Хъумэным и Хасэм и лъэӀуэгъуэкӀэ ЛъЗ-м и нэхъышъхьэ Тхьамадэр хехыр; Хъумэным и Хасэм дэкӀыгъу ЛъЗ-м и Дунейпсо Мэхьчэмэм хэтхэр хахыр; дунейпсом и эконономикэ, социал, културэ, гуманитар лъэжьыгъэхэм пылъ, пэмыкӀ ӀанатӀэхэри иӀа ЛъЗ-м и ХабзэмкӀэ къытелъхьауэю

Нэхъышъхьэ Ассамблеэм и лэжьэныр сессиурэ ёкӀуэкӀыр. Регулару, специалу, гузэвэгъуэ сессиурэ иригъэкӀуэкӀыфху.

Гъэ сессиэр Ассамблеэм щыкӀидзэр ещэнэрей блышъхьэм фокӀадэ-мазэм, Нэхъышъхьэ Ассамблеэм и тхьамадэм зэӀуиху, шъхьащыту (иэ нэрыбгэ 21-м щыщ къыдэӀапыкъу ипӀэм иувэфхэм ящыщ зы)

Дунейпсом хуэсакъын-зэгурыӀуэныгъэм и Ӏадэбыр шхьарылъ; и унафэм ЛъЗ-м хэт Хасу хъуар едэӀун хуэй.

Хъумэным и Хасэм 15 шъхьарыс нэрыбгу: Хасэм щыщ 5 - зэрамхъуэкӀхэм ящыщ (Китай, Фрэндж, Британиэшхуэ, АШЗ, Урысей) адрей пшъыхэр хахурэ Хасэм хагъыхьу щытхэ.

Къэрал бжыгъэм ящыщ лэжьакӀу зэхэт, ЛъЗ-м унафэ, программэ къыдигъэкӀхэм елэжьху. Я зэхуэсыпӀэ-нэхъышъхьэхэр ЛъЗ-м и нэхъышъхьэ унэхэм кӀэт Ньу-Йоркым, Женевэм, Венэм пэмыкӀхэми.

Секретариатым шъхьащытыр ЛъЗ-м и Нэхъышъхьэ Тхьэмадэр

Нэхъышъхьэ Тхьэмадэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Секретариатым шъхьащытыр Нэхъышъхьэ Тхьэмадэ, Ассамблеэ Нэхъышъхьэм хихыр Хъумэным и Хасэм и лъэӀуэгъуэкӀэ, Тхьэмадэр илъэситхукӀэ хахыр, яужкӀэ иджыри хахыжьыфину етӀуану пӀалъэ иӀу.

ЦӀэр Къэралыр Щытетар
1. Тругве Халвдан Ли Норуегиэ 1946–1952
2. Даг Хаммаршелд Шуэц 1953-1961
3. У Тан Бирмэ 1961-1972
4. Курт Валдхайм Аустрэ 1972-1982
5. Хъавиер Перес де Куэйар Перу 1982-1992
6. Бутрос Бутрос-Гали Мысыр 1992-1997
7. Кофи Аннан Гана 1997-2007
8. Пан Ги Мун Ипшъэ Корей 2007-къыздынэс

ПэмыкӀ Организациэ Хэтхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]