Лъэпкъ Зэгуэтхэр
| Лъэпкъ Зэгуэтхэр Организация Объединённых Наций United Nations Nations Unies Naciones Unidas 联合国 الأمم المتحد | |
| Нып |
Дэмыгъэ |
| Лъэпкъыгъуэм и типыр | Дунейпсо лъэпкъыгъуэ |
| ЗэхуэсыпӀэр | Ниу Йорк, АШЗ |
| Хэтхэр | Къэрал 192 |
| Нэхъышъхьэ тхьэмадэ | Антониу Гуттериш |
| Нэхъ. Асс. и тхьэмадэ | Абдулла Шахид |
| Лэжьыгъэбзэр | Инджылыбзэ, хьэрыпыбзэ, эспаныбзэ, хъутеибзэ, урысыбзэ, фрэнджыбзэ |
| Щыхалъхьар | 1945 жэпуэгъуэм и 24 |
Лъэпкъ Зэгуэтхэр (ЛъЗ) е Дунае Лъэпкъ Организацие — дунейпсо лъэпкъхэм я организациэ, дунейр хъумэным шъхьакӀэ теухуауэ, къэралхэр нэхъ зэрӀыгъыным, зэгуэтыным пылъу.
И лэжьыгъэмрэ зыпылъымрэ зэфӀэзгъувахэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр ( ЕДЗ ) щекӀуэкӀым, антихьитлер коалициэм шъхьэщытахэм. ЦӀэ «Лъэпкъ Зэгуэтхэр» япэреуэ щытраӀуар Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Декларациэм 1 щӀышылэм 1942 гъэм Ӏапэ здыкӀадзам
ЛъЗ-м и Хабзэр къэщыдэкӀауэ арэзыуэ щалъытар Сан-Франциско зэхуэсым, мэлыжьыхьым къыщыкӀэдзауэ мэкъуауэгъуэм нэгъуэнэ щекӀуэкӀам 1945 гъэм, а гъэми Ӏапэ щыкӀадза 26 мэкъуауэгъуэм, къэрал 51 я щыщ нэхъышъхьа-къыхагъэкӀахэм. Махуэ Хабзэм лэжьэн щыкӀидзар ( 24 дэпуэгъуэ ) Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Маху къалъытэ.
Зэрзэхэтыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЛъЗ-м и Нэхъышъхьэ Ассамблеэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зэчэнджэшыным, унафэ къыдэгъэкӀыным и нэхъышъхьу щыт. Нэхъышъхьэ Ассамблеэм дунейпсом и лъэпкъхэм сакъыгъу пылъыныгъэ яӀану, зэгурыӀуэныгъэкӀэ зэхэтыным пылъхэ; Хъумэным и Хасэм зэрахъуэкӀыу хэтхэр хехыр, Социал-Экономикэ Хасэм хэтхэр. Хъумэным и Хасэм и лъэӀуэгъуэкӀэ ЛъЗ-м и нэхъышъхьэ Тхьамадэр хехыр; Хъумэным и Хасэм дэкӀыгъу ЛъЗ-м и Дунейпсо Мэхьчэмэм хэтхэр хахыр; дунейпсом и эконономикэ, социал, културэ, гуманитар лъэжьыгъэхэм пылъ, пэмыкӀ ӀанатӀэхэри иӀа ЛъЗ-м и ХабзэмкӀэ къытелъхьауэю
Нэхъышъхьэ Ассамблеэм и лэжьэныр сессиурэ ёкӀуэкӀыр. Регулару, специалу, гузэвэгъуэ сессиурэ иригъэкӀуэкӀыфху.
Гъэ сессиэр Ассамблеэм щыкӀидзэр ещэнэрей блышъхьэм фокӀадэ-мазэм, Нэхъышъхьэ Ассамблеэм и тхьамадэм зэӀуиху, шъхьащыту (иэ нэрыбгэ 21-м щыщ къыдэӀапыкъу ипӀэм иувэфхэм ящыщ зы)
Хъумэным и Хасэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дунейпсом хуэсакъын-зэгурыӀуэныгъэм и Ӏадэбыр шхьарылъ; и унафэм ЛъЗ-м хэт Хасу хъуар едэӀун хуэй.
Хъумэным и Хасэм 15 шъхьарыс нэрыбгу: Хасэм щыщ 5 - зэрамхъуэкӀхэм ящыщ (Китай, Фрэндж, Британиэшхуэ, АШЗ, Урысей) адрей пшъыхэр хахурэ Хасэм хагъыхьу щытхэ.
Секретариатыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэрал бжыгъэм ящыщ лэжьакӀу зэхэт, ЛъЗ-м унафэ, программэ къыдигъэкӀхэм елэжьху. Я зэхуэсыпӀэ-нэхъышъхьэхэр ЛъЗ-м и нэхъышъхьэ унэхэм кӀэт Ньу-Йоркым, Женевэм, Венэм пэмыкӀхэми.
Секретариатым шъхьащытыр ЛъЗ-м и Нэхъышъхьэ Тхьэмадэр
Нэхъышъхьэ Тхьэмадэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Секретариатым шъхьащытыр Нэхъышъхьэ Тхьэмадэ, Ассамблеэ Нэхъышъхьэм хихыр Хъумэным и Хасэм и лъэӀуэгъуэкӀэ, Тхьэмадэр илъэситхукӀэ хахыр, яужкӀэ иджыри хахыжьыфину етӀуану пӀалъэ иӀу.
| ЦӀэр | Къэралыр | Щытетар | |
|---|---|---|---|
| 1. | Тругве Халвдан Ли | 1946–1952 | |
| 2. | Даг Хаммаршелд | 1953-1961 | |
| 3. | У Тан | 1961-1972 | |
| 4. | Курт Валдхайм | 1972-1982 | |
| 5. | Хъавиер Перес де Куэйар | 1982-1992 | |
| 6. | Бутрос Бутрос-Гали | 1992-1997 | |
| 7. | Кофи Аннан | 1997-2007 | |
| 8. | Пан Ги Мун | 2007-къыздынэс |
