Jump to content

Къуапэ Горн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуапэм и фэеплъ

Къуапэ Горн (исп-бз. Cabo de Hornos, нид.-бз. Kaap Hoorn) — архипелаг ЩӀы МафӀэм и ипшэ дыдэ пӀэ. Дрейк ӀузэвымкӀэ гъэзауэ, тӀыгу Горным телъщ. Къуапэр зытет тӀыгур, япэрей цӀыхур ипшэкӀэ нэхъ жыжэ дыдэу здынэса щӀыпӀэу щытшщ.

1616 гъэм къуапэр зэӀуахауэ щытащ голлэнд хыерс Якоб Лемеррэ Уиллем Схаутенрэ. Схаутен здыщыщ Хорн къалэм и фэеплъуи, къуапэм фӀащауэ щытащ къуапэм и цӀэр.

Къуапэр хеубыдэр Чили и нэхъ ипшэ дыдэ регион Магаланесрэ Чили Антарктидэрэ. Къуапэми континентым къикӀыу гъущӀгъуэгхэр къокӀуэр. Абы нэмыщӀ Чилим и флотым и Ӏыхьэхэр къуапэм деж Ӏутхэщ икӀи маякитӀ тетщ.

Къуапэр Ӏутщ Ипшэ Америкэмрэ Антарктидэмрэ зыугуэш Магеллан Ӏузэвым деж.

ЩӀыпӀэм уэшх куэд къышешхыми, зэрыщӀыӀэм къыхэкӀыу мэзыншэу щытщ. Къуапэм псэщхьэхэм ящыщу нэхъыбэу щыпсэухэр Магеллан вымпӀухэращ.

ЩӀыпӀэм щыӀэ климатыр щӀыӀэтыӀэу щытщ, Антарктидэр зэригъунэгъум щхьа. Гъэмахуэр кӀэщӀщ, температурэри +10...+12°С нэс дэкӀуейуэращ. ЩӀымахуэр кӀыхьщ, уэс къесхэри куэдрэ телъщ. Уэшхыр куэду гъатхэпэ мазэм къошх, щӀыпӀэм бжьыхьэр къыщихьэм деж.

Абыхэм нэмыщӀ щӀыпӀэм къыщепшэ жьыхэр нэхъ псынщӀэ дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу жьы къепшэм и нэхъыбэм и псынщӀагъыр 30 км/сыхьэтым нэс нос. Иныкъуэхэм деж, жьым и псынщӀагъыр 100 км/сыхьэтым нэс докӀуейр. ЩӀыпӀэм ину къышепшэ жьыхэм я ягъэкӀэ, къуапэ зыгъэшыпӀэм деж япэм кхъухь куэд щӀилъэфахэу щытащ. Абдейм щӀилъафэ кхъухь куэдхэм ятеухуауэ зэмылӀаужыгъуэ зэманхэм, тхакӀуэ куэдым тхыгъэ Ӏэджэхэр ятхащ. Абыхэм ящыщу къыхэпгъэщ хъунущ Жул Верн итха «Джонатан» и кхъухькъутэ тхыгъэр.

Дунейм и къыпекӀуэкӀ нэхъ гугъыр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къуапэм кхъухькӀэ укъыпекӀуэкӀынур дунейм нэхъ гугъ дыдэу ябж. ЩӀыпӀэм жьышхуэ къышепшэхэм уэрп инхэр къагъэхъейхэр, зи инагъ метрэ куэдхэм нэс дэкӀуей. Псом нэхъ нэхъ гугъыр къуапэм къуэкӀыпӀэмкӀэ укъыикӀыу къухьэпӀэмкӀэ укӀуэнуращ. Жьы къепшэхэр къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэщ и нэхъыбэм здепшэхэри, къухьэпӀэмкӀэ жьым упыщӀэту укӀуэнур гугъ ящӀ. ЩӀыпӀэм жьышухуэ къышепшэхэм, абыхэм уэрп ин къагъэхъухэм икӀи щӀы щыӀэхэм кхъухь куэд щӀрагъэлъэфащ ерэ къуапэ Ӏуфэм кӀэрадзэурэ зэпкъыраудахэщ.

Иджырей зэманым япэм кхъухь щӀилъэфахэмрэ хыерс хэкӀуэдахэмрэ я фэеплъу, иджырей кхъухьхэм зэпеуэ ящӀхэр къуапэм къекӀуэкӀхэу.

Къуапэм и цӀэр голлэнд къалэ Хорным къытекӀыми. Абы и цӀэр мыдрей бзэхэм инджылыбзэ ГорнкӀэ зэхъуэкӀауэ хэхьахэщ. ЭспаныбзэкӀэ «Cabo de Hornos» псалъэм къикӀыр «Къуапэ хьэку» жиӀэу аращ. Ауэ хыерсхэм и нэхъыбэм иджыри къыздэс къуапэм зэреджэр «Бжьакъуэщ».

1992 гъэм къуапэм деж албатросым ещхьу монумент тращӀхьащ, абдежым дей хыерс хэкӀуэдахэм я фэеплъу.

Горн къупэр Ипшэ Америкэм и континент Ӏыхьэм и кӀэух пӀэуи, континент шелфым и кӀэух пӀэуи щыткъым. Километрэ 100-кӀэ Горным нэхъ ипшэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ тӀыгу зэхэт Диего-Рамирес. Абы и ипшэ дыдэ тӀыгуращ Ипшэ Америкэм и кӀэух дыдэ пӀэуэ щытыр. Континент Ӏыхьэм нэхъ ипшэ дыдэ пӀэуэ щытыр Фроуард къуапэращ.


Кординатхэр: 55°58′48″ ю. ш. 67°17′21″ з. д. / 55.98° ю. ш. 67.289167° з. д. (G)