Къазплъыфэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къазплъыфэ
Къазплъыфэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэхэр
Лъэпкъ: Бабыщхэр
Лъэпкъыгъуэ: Къазкъуэлэнхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къазплъыфэ
Латин цӀэр
Tadorna ferruginea Pallas, 1764


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175056
NCBI 45639
Tadorna ferruginea
Tadorna ferruginea

Къазплъы́фэ (лат-бз. Tadorna ferruginea) — бабыщ лъэпкъым щыщщ, къазкъуэлэным и «Ӏыхьлы» гъунэгъущ., я инагъкӀи зэрзэщхьэщыкӀ щӀагъуэ щыӀэкъым.

Теплъэр гъуэплъыфэщ, щхьэр нэхъ хужьщ, хъум и пщэм кусэ Ӏузэ фӀыцӀэ къокӀуэкӀ, дамакӀэхэмрэ кӀэмрэ фӀыцӀэщ, дамэхэм удзыфэ Ӏыхьэ мащӀэ яхэлъ. Щогъуалъхьэ Хы Курытым и Ӏэгъуэблагъуэм къыщыщӀэдзауэ КъухьэпӀэ Жыжьэм нэгъунэ. Къаукъазым деж уащыпэщӀэхуэнущ Хы ФӀыцӀэм, тафэ хыкъумхэм я Ӏуфэхэм.

Абгъуэ ещӀ уашхэ, бажэ, нэгъуэщӀ псэущхьэхэм я гъуэ бгынэжа, нэпкъ бгъуэнщӀагъ, цӀыхум и псэуалъэу щытахэм. Здэшхэр и нэхъыбэм щӀыщхьэфэм деж.

Ӏусыр удз жылэ, къэкӀыгъэ, гъудэбадзэ, псы псэущхьэ жьгъейхэрщ. ЩӀымахуэр щырех Хы Курытым и гъунэхэм, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэм и ипщэ лъэныкъуэхэм.

Къазплъыфэм и шырхэр щӀэх цӀыхум йосэ, пщӀантӀэм къыщыбгъэхъуфынущ. Къаукъазыкум щыгъуалъхьэ къазплъыфэхэм я нэхъыбэр бжьыхьэм Хы Курыт лъэныкъуэм мэлъэтэж, ауэ щӀымахуэр щрахыну къани къахокӀ. Абыхэм Ӏус щагъуэт псыӀуфэ мыщтхэм.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.