Къазмакъбзу
Appearance
Къазмакъбзу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Phoenicurus erythrogastrus Güldenstädt, 1775 | ||||||||||||||||
|
Къазмакъбзу (лат-бз. Phoenicurus erythrogastrus) — жьыкъан лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щхьэщыгур, пщэр — хужьщ; натӀэр, щхьэбгъухэр, жьэгъур, бгъащхьэр, дамэхэр, тхыцӀэр — фӀыцӀэщ. Анэхэм я тхыцӀэр щхъуэ-гъуэбжафэщ, ныбэ щӀагъыр нэхъ хужьыфэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Азиэ Курытым, Алтайм, Къажэрым я бгылъэ щӀыпӀэхэм, Къаукъазым. И бжыгъэкӀэ курытщ. Мы лӀэужьыгъуэр Къаукъазым щымащӀэщ, ауэ мылъэтэжу щопсэу. Гъэмахуэм щыплъагъунущ къущхьэ щӀыпӀэхэм, бжьыхьэ-щӀымахуэм — псыхъуэ гъурцхэм, банэ мэзхэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыщхьэу къэкӀыгъэ жылэщ, псом хуэмыдэу къазмакъейр фӀыуэ ялъагъур.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.