КӀукӀумяу
КӀукӀумяу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Athene noctua Scopoli, 1769 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
КӀукӀумяу (лат-бз. Athene noctua) — и цӀэджэгъу лъэпкъым хохьэ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэр гъуабжэ-хужьыфэщ ӀэпапӀэхэр хэсу. Нэхэм я къэухьыр, кӀэ щӀагъыр, ныбэ щӀагъыр — хужьщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЩӀыӀэ дыдэ здэмыхъу щӀыпӀэ псоми щыӀэщ. Лъэтэжкъым. Абгъуэ имыщӀу щогъуалъхьэ нэпкъ задэхэм, гуэнэщ ябгынэжахэм. Моногамнэщ — анэмрэ хъумрэ сыт щыгъуи зэгъусэщ. Къаукъазым деж гъатхэпэ мазэм икӀэм кӀэцӀын яух. Анэм изакъуэ къыреш. ЩакӀуэн щаублэр пшапэр зэхэуа иужькӀэщ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусым хохьэ дзыгъуэ, шындырхъуо, къуалэбзу, хьэпщхупщ, гъудэбадзэ.
ЦӀыхум и хущытыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КӀукӀумяухэм яхуэмыфащу адыгэхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми фэжагъуэ ираплъ. Къалъытэ, псалъэм папщӀэ, ар зи унащхьэ тетӀысхьэу къуажэм и унагъуэм нэщхъеягъуэ къыщыхъуну. Брэм А. етх «Йомыгъэлейуэ жыпӀэ хъунущ цӀыхур кӀукӀумяум нэхъ щышынэу, кӀукӀумяур езым къызэрыщышынэм нэхърэ. ЩӀыпӀэ куэдым мы къуалэбзу удэзыхьэхым насыпыншагъэ къихьу ялъытэ. Ауэ Ипщэ Еуропэм ар фӀыуэ къыщалъагъу, Аустрэм деж абы куэдрэ ирощакӀуэ, икӀи зэрыжаӀэщи, хуабжьу йохъулӀэхэр.»[1]
Удыгъэмрэ губзыгъагъэмрэ я дэмыгъэщ.
Гу лъытэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Брэм А.Э. Жизнь животных, в 3-х тт., т 2 «Птицы», М., «Тера» — «Terra», 1992. (урыс.)
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |